Псалъащхьэхэр
Хэзыгъэгъуазэ………………………………………………..3-4
«Зы жэщ» рассказым фразеологизмэу хэтхэр……………5-11
К1эух псалъэ…………………………………………………..12
Къэзгъэсэбэпа литературэр………………………………….13
Хэзыгъэгъуазэ
Лъэпкъыр сыт щыгъуи ирогушхуэ тхакIуэм и гуащIэм. Псом хуэмыдэжу инщ литературэм и зэхэублакIуэхэм я щIыхьыр. Адыгэхэм я дежкIэ апхуэдэ тхакIущ Къашыргъэ Хьэпащ1э. Адыгэ тхыбзэм и япэ лъэбакъуэхэр щича махуэм къыщегъэжьауэ лъэпкъ литературэм къыок1уэк1 абы и литературнэ лэжьыгъэр. ЛIы ныбжь гъуэгуанэ и нэгу щIэкIащ абы и къалэмым.
Нобэрей си лэжьыгъэр зытеухуауэ щытыр фразеологизмхэращ. Адыгэ художественнэ литературэм ухэплъэмэ, ди тхакIуэ – усакIуэхэм я тхыгъэхэм куэд дыдэрэ къыщагъэсэбэп фразеологизмхэр.
Мы исследовательскэ лэжьыгъэр стхын щыщIэдзэм сэ къалэну зыхуэзгъэувыжащ фразеологизмхэр «Зы жэщ» рассказым къыхэзгъуэтэну, ахэр зджыну, рассказым къызэрыщыхэщыр къыхэзгъэщхьэхукIыну
Темэр къыщIыхэсхам щхьэусыгъуэ хуэхъуащ Къашыргъэ Хьэпащ1э и къалэмыпэ къыщIэкIа «Зы жэщ» рассказыр бзэ шэрыуэкIэ, бзэ къулейкIэ зэрытхар, абы и тхыгъэ дэтхэнэри лъэпкъ литературэм и хэлъхьэныгъэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытри.
Лэжьыгъэр тхынымкIэ хэкIыпIэ хъуащ Къашыргъэ Хьэпащ1э и «Зы жэщ» рассказыр.
Дэтхэнэ бзэми куэду хэтщ фразеологизмхэр. Псалъэ зэпхам къыщхьэщыкIыу фразеологизмым хэт псалъэхэр я закъуэу щхьэхуэу къэдгъэсэбэпыркъым. Фразеологизмхэр зэкIэщIэпч мыхъу псалъэ зэпхахэщ, зы псалъэм пэхъуу.
Адыгэбзэр фразеологизмхэмкIэ къулейщ. ЖыIэгъуэхэмрэ абыхэм я мыхьэнэуэ къэтхьахэмрэ зэхуэбгъадэу щытмэ, гу лъытапхъэщ фразеологизмэхэмкIэ къэIуэта мыхьэнэхэр нэхъ лъэщу зэрызэхэпщIэм, ар нэхъ гукъинэж зэрыхъум. Аращ тхыгъэхэм фразеологизмэхэм зыщаубгъуауэ щIыщытыр.
Художественнэ текстым щагъэзащIэ къалэн и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ фразеологизмхэм къагъэлъагъуэу щытщ цIыхум и хьэл-щэн, цIыхур зыхэхуа Iуэхугъуэ гуэр, цIыхум и псэм дэкI гупсысэхэр, зэбииныгъэ, ныкъуэкъуагъэ, лъагъуныгъэ, акъыл сыт хуэдэхэр.
«Зы жэщ» рассказым фразеологизмэу хэтхэр
Фразеологизмхэм тхыгъэм и бзэм къалэнышхуэ щагъэзэщIэф. Ахэр къезэгъыу IэкIуэлъакIуэу хэгъэувэн хуейщ тхыгъэм. Бзэр фразеологизмхэм лъэщ, дахэ ящI, абыхэм я сэбэпкIэ тхакIуэм жиIэну зыхуейр нэхъ кууэ, кIэщIу къэIуэта мэхъу. Фразеологизмхэм образ къэгъэщIынымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэу щытщ, фразеологизм къигъэсэбэпахэмкIэ къыдощIэ езы авторыр образым зэрыхущытыр. Ди адыгэ тхакIуэхэм я тхыгъэхэм фразелогизм зэхуэмыдэ куэд дыдэ къыщокIуэ. Иджы къэдгъэнэхуэнщ «Зы жэщ» рассказым фразеологизмэу хэтхэр.
Бэлыхь телъын гугъу ехьын.
Нэпсыр къек1уэн – и гъын къэк1уэн.
- Уэ пхуэдэ къабзэу си анэри бэлыхьыр телъу зы щ1ып1э гуэрым щы1эщ, жи1ащ абы ик1и анэр къиут1ыпщыжри езым и нэпсри къек1уауэ, къыпищащ, - умыгъ, ди анэ, уэ бэлыхьу птелъам нобэ и к1эухщ.
Гур ик1ын – къэщтэн
И нэ нурыншэхэм нэщхъеягъуэ сурэтыр яхэлът, зи дунейри зи псэри зыф1эмы1эф1ыж ц1ыхуу гу ик1а плъэк1эу дияуэ плъэрт.
Гур хуэбэмп1эн – псалъэ гуапэм хуеин, хуэныкъуэн.
Ц1ыху макъым, ныбжьэгъугъэ, гущ1эгъуныгъэ псалъэ хуабэхэм гур хуэбамп1эрт, ауэ ц1ыхухэр, езы анэм хуэдэ къабзэу, зыкъыщигъэлъэгъуэным щыщтэхэрт, нэмыцэхэмрэ полицайхэмрэ я нэгум зыкъыщ1амыгъэхуэн папщ1э, унэхэм зыщ1агъапщк1уэхэрт; абыхэм уапэщ1эхуэху къэс, бэ1ут1э1урэ тхьэмыщк1агъэрэ къапымык1ыну 1эмал зэримы1эр анэм игъэунэхуат.
Гур гъэщтэн – игъэп1ейтейуэ, игъэшынэу.
Къуажэм ц1ыху дэплъэгъуэжыртэкъым, псори дэл1ык1ам хуэдэу гур игъащтэу, ц1ыхуншэт.
Гущ1э лъапсэм щыхъумэн – зыгуэрым щыгугъын.
«Дыдейхэм къагъэзэжрэ, колхозыр зэф1агъэувэжмэ, хэт ищ1эрэ, зы ц1ык1у гуэри къыдатыжмэ…» - жыхуи1э гугъап1э т1эк1ури гущ1э лъапсэм щихъумэрт.
Гулъытэ хуэщ1ын – нэхъыф1у лъагъун.
Гъунэгъуу я нэхъ гулъытэ зыхуищ1ри арат.
Гур узын – ф1эмыф1у, игъэнэщхъейуэ.
Е1энк1э емыкун – хуэмеин.
Пщ1ант1экум иувауэ, и псэуалъэ закъуэу и пщ1ант1эм къыдэнэжам е1энк1э иримыкуу, и гур узу, еплъу щытт.
Гукъеуэм игъэдиин – и жагъуэ хъун.
Щхьэц ф1ыц1э бырыбым и 1упщ1ак1эхэр хигъэпщ1ауэ т1эк1у зыщигъэхъея нэужь, гукъеуэм игъэдияуэ абы зиущэхужащ.
Гур 1эджэми жэн – 1эджи жы1эн, къэгупсысын.
Абы и гур 1эджэми жэрт.
Гу бзаджэ хуи1э хъун – лъагъумыхъуныгъэ.
Хьэщхьэры1уэ хъун – бзаджэ хъун.
Кулакыу щыта и адэм и мылъкур къы1аха нэужь, нэхъри нэхъ хьэщхьэры1уэ хъуат, ц1ыхухэми нэхъри нэхъ гу бзаджэ яхуи1э хъуат.
Гу бзаджэ к1уэц1ылъын – ц1ыху 1ей.
Ц1ыхухэми я жагъуап1эу, езыми ц1ыхухэр и жагъуэу, хьэк1экхъуэк1э гу бзаджэр к1уэц1ылът.
Гуф1эгъуэм зэщ1иубыдэн – гуф1эщэн.
Щхьэр зэк1уэк1ын – делэ хъун
Советскэ кхъухьлъатэхэр къащхьэщыхьэу щыхъухэм, жэщ псохэр щ1ыбым дэту игъак1уэрт, хьэрэк1ыт1э уэздыгъэхэу советскэ летчикхэм кърагъэпсыххэм я нурхэм езыри къагъэнэхуу, нэмыцэхэм я бэлыхьым 1эщ1ахыжыным и гуф1эгъуэм зэщ1иубыдауэ, и щхьэр зэк1уэк1ам хуэдэу, имыц1ыху ик1и нэрымылъагъу и бынхэм – Счоветскэ хэкум и къуэф1хэу уафэгум итхэм – епсалъэрт, жэщ уафэ к1ыф1ым хуигъазэрти ехъуэхъурт.
Гум темыхуэн – хуэмеин, илъагъу мыхъун.
А полицейскэр абыхэм зэрахуэунэ1утыр анэм и гумм темыхуэу, ф1эгущык1ыгъуэу и щ1ыбыр яхуигъэзащ ик1и и сабийхэм яхэт1ысхьэжри 1ущэщэн щ1идзэжащ.
Гум къэк1ыжын – къэщ1эжын.
Бэкхъыщхьэм телъ чий ц1ык1ум мэкъу т1эк1у къытенэжауэ зэрытелъыр Быцу и гум къэк1ыжащ.
Гум имыщтэн – ф1эмыф1ын.
Щхьэк1уэ хъун – жагъуэ щыхъун.
Ар колхозым е нэгъуэщ1 советскэ 1уэхущ1ап1эхэм кърату щыта дэ1эпыкъуэгъуныгъэм хуэдэу гум ищтэркъым, сытым щыгъуи ар щхьэк1уэ мэхъу.
Гущ1эгъуншэ к1ыф1ым жьэхэдзэжын – гузэвэгъуэм хэхуэн.
Ик1и иджы, колхозыр къыщемыжьам зэрыщытам хуэдэ къабзэу, и сабийхэри езыри гущ1эгъуншэ к1ыф1ым жьэхэдзэжа хъуащ.
Гум къихьэн – игу къэк1ын.
Дунейр ф1эмы1эф1ын – зыри хуэмеижын.
И нэ нурыншэхэм нэщхъеягъуэ сурэтыр яхэлът, зи дунейри зи псэри зыф1эмы1эф1ыж ц1ыхуу гу ик1а плъэк1эу дияуэ плъэрт.
Дзыхь хуащ1ыжхэртэкъым – я ф1эщ хъужыртэкъым.
Ягухэр хущ1экъужыртэкъым – зыми хуеижтэкъым.
Гугъэ, хъыбар куэдым къагъэпц1эжа хъунхэти, я гугъэхэми хъыбархэми дзыхь хуащ1ыжыртэкъым, ауэ абыхэм нэгъуэщ1хэм епсэлъэным ягухэр хущ1экъужыртэкъым.
Дзэлыфэр т1ын – пыгуф1ык1ын.
- Я-я-я, - зэпишащ абы и щхьэр ищ1урэ ик1и, къызэрыгуры1уам иригуф1эу, и дзэлыфэр ит1ри псынщ1эу джэдэщымк1э иунэт1ащ.
Дзэхэр хузэтегъэуэн – щ1эк1иен.
А нап1эзып1эм полицейскэм зыкъызэридзэк1ащ – иджыпсту фыз 1эщхьэпц1анэм зи дзэхэр хузэтезыгъауэу, щыта хьэк1экхъуэк1э бзаджэм и п1эк1э ар нэмыцэ хозяиным и пащхьэм ныбафэк1э щызепщыпщэну хьэзыр, хьэ 1урыщ1эу зи к1эр зыгъэк1эрахъуэ, сытри зыщ1эну хьэзыр убзак1уэу уващ.
Жеин хулъэмык1ын – мыжеифын.
Ауэ анэр, жеин хулъэмык1ыу, и нэр к1ыф1ым хэплъэу щытт.
Жэщ хьэлъэм хилъэфэн - жеин
«…Анэ ящ1ымыгъуми ахэр зеиншэ хъунтэкъым…» - жэщ хьэлъэм хилъафэурэ анэм игу къэк1ырт апхуэдэ гупсысэхэр.
Зи гур иримыгъэк1а – имыгъэшына.
«Щы1эщ иджыри нэмыцэхэм я бэлыхь шынагъуэм имыгъэщта, зигу иримыгъэк1а, 1эщэр лъы щ1эжыным хуэзыхъума ц1ыхухэри»
И п1эм ижыхьын – къэувы1эн зыщ1ып1и мык1уэу.
Иужьым анэр сакъыурэ щ1ыунэм къыщ1эк1ащ, хадэмрэ сад ц1ык1умрэ къак1уэц1рык1ри и унэм щы1уплъэм, щтэри и п1эм ижыхьащ: бжэр къы1уудат, пкъыи хэлъыжтэкъым.
И дзыхь зэтелъыжу – ф1эщхъуныгъэ хэлъу.
Ц1ыху макъ куэду зэхэтым зы макъ гуэр, л1ы хахуэ макъыу, и дзыхь зэтелъыжу, адрейхэм яхуэмыдэу къахэ1ук1ырт.
И гум къыпылъэдэн - хуеин.
Абы епсэлъэныр зыхуэмыубыдыжу анэм игу къыпылъэдащ.
Игу къыхудэжыжыртэкъым – хуеижтэкъым.
Лъакъуэ лъэныкъуэк1э кхъэ мащэм еувэхын – л1эныгъэм пэгъунэгъу хъун.
Псэуныгъэми л1эныгъэми игу къыхудэжыжыртэкъым, лъакъуэ лъэныкъуэк1э кхъэ мащэм еувэхауэ, и сабийхэм папщ1э хузэф1эк1 иужьрей къалэнхэр игъэзэщ1эж хуэдэу къыщыхъурт.
Макъыр хуиту ут1ыпщын – макъышхуэ гъэ1ун.
Сабий гъы макъ хуиту ут1ыпщар зэхихатэмэ, иджы анэм ар гуф1эгъуэ макъ къыщыхъунт.
Мывэ сыну жын – мыхъейуэ щытын.
Зыкъомрэ ар абы хуэдэу, зыхуэбгъэдэнур умыщ1эн щытык1эу, зэуэ мывэ сыну жам хуэдэу, бостей п1ащ1э закъуэ ф1эк1 щымыгъыу, уэс гуэрэнхэм хэтащ.
Нэгум зыкъыщ1эмыгъэхуэн – зыкъемыгъэлъагъун.
Ц1ыху макъым, ныбжьэгъугъэ, гущ1эгъуныгъэ псалъэ хуабэхэм гур хуэбамп1эрт, ауэ ц1ыхухэр, езы анэм хуэдэ къабзэу, зыкъыщигъэлъэгъуэным щыщтэхэрт, нэмыцэхэмрэ полицайхэмрэ я нэгум зыкъыщ1амыгъэхуэн папщ1э, унэхэм зыщ1агъапщк1уэхэрт; абыхэм уапэщ1эхуэху къэс, бэ1ут1э1урэ тхьэмыщк1агъэрэ къапымык1ыну 1эмал зэримы1эр анэм игъэунэхуат.
Нэбгъузк1э еплъын – къыхуеплъэк1ын.
Курыт пщащэ ц1ык1у Марят нэхъ щхьэзыф1эф1у зэк1уэц1ылъу щытт, нэхъ яхэдза хуэдэуи хъурт, - ар хьэкумрэ гъуэлъып1эмрэ я зэхуакум зыдигъэпщк1уауэ дэсти и щхьэр къи1этакъым – иджыри пхъэ къихьакъым! – жыхуи1э щ1ык1эу, и анэм нэбгъузк1э къыхуеплъэк1ри щ1ы1эм игъэдия и нап1эхэр зэтрип1эжащ.
Напщ1эм телъын – зыгъэщ1эгъуэн.
Пэр 1этын – пэгэн.
Хэутэн щ1ын – зэмыпэсын.
И адэм и мылъкур и напщ1эм телъу, пагэрэ и пэр 1этауэ, псоми яф1энэу, псори хэутэн ищ1ыныр и мурад зэпыту щытащ.
Напщ1эр зэхэуфэн – нэщхъ щ1ын.
И напщ1эр зэхиуфэщ,зыкъигъэубэлэцри ар ябгэу къеупщ1ащ.
Ныбафэк1э зепщыпщэн – сытри ищ1эну хьэзыр, 1ужажэ.
А нап1эзып1эм полицейскэм зыкъызэридзэк1ащ – иджыпсту фыз 1эщхьэпц1анэм зи дзэхэр хузэтезыгъауэу, щыта хьэк1экхъуэк1э бзаджэм и п1эк1э ар нэмыцэ хозяиным и пащхьэм ныбафэк1э щызепщыпщэну хьэзыр, хьэ 1урыщ1эу зи к1эр зыгъэк1эрахъуэ, сытри зыщ1эну хьэзыр убзак1уэу уващ.
Напэр техын – гъэук1ытэн.
Щ1ыгу укъызытехъухьами, ц1ыхуу укъызыхэхъук1ами я напэр тепхащ.
Нэхэр къыщихун – гужьеин.
А хьэжьым дыгъуэпшыхь джэдхэм л1ыхъужьу я щхьэр ф1ичащ, иджы шынагъуэм и нэхэ къыщихуауэ, и 1ит1ымк1э к1эрахъуэ зырызыр и1ыгъыу, зимыщ1эжу къуажэкумк1э йожэх.
Псэр гукъеуэ щ1ы1эм зэщ1ищтэн – гузэвэн.
Фи 1эпкълъэпкъ пц1анэ ц1вк1ухэмк1э фэ уэс щ1ы1эр фогъэври, сэ мыгъуэм си псэри гукъеуэ щ1ы1эм зэщ1ищтаи, сынасыпыншэ мыгъуэти.
Псэе1э-гуе1эу бэнэн – хузэф1эк1 псори щ1эн.
Куэд щ1ауэ ящгъупщэжа тхьэмыщк1агъэ, дэ1эпыкъуэгъуншагъэ, щхьэ закъуэ къару закъуэу, п1астэ бзыгъэ щхьэк1э псэе1э-гуе1эу бэнэн хуей хъунущ, гъаблагъэ псори нэмыцэхэр къыщык1уэм къыдигъэзэжри къыхуэк1уэжащи.
Псэр хузын – гугъу егъэхьын.
Гуик1ыныгъэ щ1ы1эм и гур ихузырт.
Псэм зэхищ1ык1ын – къыгуры1уэн псэк1э.
Анэм абы жи1ахэм и нэхъыбэр къыгуры1уакъым, ауэ, къыгурымы1уами, и псэм зэхищ1ык1ащ,
1э дэлъэн – едэхэщ1эн.
Бгъэдыхьэри и 1э к1эзызхэмк1э и нэк1уфэхэм, и щхьэм 1э дилъэу хуежьащ.
1эл хъун – бзаджэ хъун
Зэгъунэгъуит1ыр к1уэц1рыгъэж бжыхьым и деж щызэ1ущ1амэ, 1эл хъуа ц1ыхухэм хуэдэу, зэжра1энур ямыщ1эжу, нэщхъейуэ зэплъхэрт, сытми псалъэ зыт1ущ зэпадзыжхэрти, гугъап1эншэу я 1эр ящ1у, зэбгъэдэк1ыжхэрт.
КIэух псалъэ
Си лэжьыгъэм зи гугъу щысщIар къэбэрдей литературэм и зы жанр щхьэхуэрщ – фразеологизмхэращ. Нарт эпосым хэт пшыналъэхэми хъыбархэми, художественнэ литературэми куэду узыщрихьэлIэ а жанр лIэужьыгъуэхэр ди бзэм и къулеягъщ
Ар нэсу джыныр, къэхутэныр къызэфIэзыгъэкI зы Iыхьэу мы лэжьыгъэм къалэн егъэзащIэ.
Сэ зи гугъу сщIа тхыгъэм фразеологизмхэр куэду хэтхэщ. Лэжьыгъэр щезгъажьэм си пащхьэ изгъэува къалэнхэр згъэзэщ1ауэ согугъэр. Ауэ, жы1эпхъэщ, нэхъыбэрэ исследовательскэ лэжьыгъэм селэжьыху езы «Зы жэщ» рассказри нэхъ гъэщ1эгъуэн сщыхъуурэ, Къашыргъэ Хьэпащ1э 1урылъ адыгэбзэм и къулеягъымрэ ар ек1уу зэригъэшэрыуэфымрэ сф1этелъыджэурэ и к1эм зэрынэзгъэсар.
Гуапэ сщыхъунущ мы лэжьыгъэр зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми еджакIуэхэм сэбэп яхуэхъумэ.
Къэзгъэсэбэпа литературэр
Бэрбэч Б.Ч., Бищ1о Б.Ч., 1утыж Б.Къу. «Адыгэбзэ фразеологизмхэм я псалъалъэ». 2001 гъ.
Къашыргъэ Хьэпащ1э. «Зы жэщ» рассказыр.