Самоанализ
урок зэ1уха « Сочиненэ-тетхыхьыныгъэ К1ыщокъуэ Алим и фэеплъ сыным теухуауэ» 6 классым щек1уэк1амк1э.
Урокыр 6 классым щек1уэк1ащ.Абы еджак1уэ 24 щ1эсщ. Классыр щ1эныгъэ куу зыбгъэдэлъхэм ящыщщ, качествэр 64, успеваемостыр 100%. Классыр адрейхэм къащхьэщок1 лэжьыгъэф1хэр зэращ1ыфымрэ, щхьэзакъуэ 1уэхухэр зэрагъэзэщ1эфымрэ.
Урокым и темэр: « Сочиненэ-тетхыхьыныгъэ К1ыщокъуэ Алим и фэеплъ сыным теухуауэ.» Ар программэмк1э дызынэсарт. 6 классым мы темэр т1эк1у къегугъуэк1ыу къыпщыхъунущ, ауэ еджак1уэхэм я зэф1эк1 инхэм сэ сытригъэгушхуащ бзэр зезыгъэужь лэжьыгъэ нэхъ гугъур къэсщтэным. Мы темэмк1э дэ адэк1э къыпыдощэ сабийхэм я бзэр зегъэужьын лэжьыгъэхэр.
Урокыр комбинированнэ тип л1эужьыгъуэм хохьэ.
Урокым и мурадхэр: Щ1эныгъэм ехьэл1ауэ: сочиненэ зэмыл1эужьыгъуэ щатхк1э ехьэл1апхъэхэр зэхуахьэсу егъэсэн;
-публицистическэ стилым и щытык1эхэр егъэщ1эн:
-къэбэрдей литературэмрэ културэмрэ теухуауэ ящ1эм хэгъэхъуэн.
Зезыгъэужьык1э: - щхьэзак1уэ, гуп-гу лэжьыгъэхэр къагъэсэбэпурэ сочиненэ тхыным хуэгъэхьэзырын;
-еджак1уэхэм я къэухьым зегъэубгъун.
Коммуникативнэмк1э:
-еджак1уахэр зэрыклассу,гуп-гупурэ,т1урыт1урэ зэдэлажьэу егъэсэн;
-теоремк1э яджахэр гъащ1эм къыщагъэсэбэпыфын.
Гъэсэныгъэмк1э:
-лъэпкъ литературэмрэ гъуазджэмрэ я щ1эинхэм пщ1э хуащ1у егъэсэн;
-К1ыщокъуэ Алим щапхъэ трегъэхын.
Лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэщар: гупу,щхьэзакъуэ, жьэры1уатэрэ тхыгъэрэ.
Егъэджак1уэм и лэжьыгъэр зэрыухуар: лекция-рассказ, слайд гъэлъэгъуэныгъэ, аналитическэ псалъэмакъ.
Мультимедийнэ компонентым и къалэнхэр: преметыр я нэгу къыщ1игъэувэн, псалъалъэр и зэхэлъык1эр къагурегъэ1уэн, еджак1уэхэр щ1эныгъэ зэрагъэгъуэтыным гу хуегъэщ1ын.
Оборудование: компьютер, мультпроектор,экран.
Еджак1уэхэм ящ1эн хуейщ: сыт скульптурэр зищ1ысыр,памятникк1э зэджэр.
Еджак1уэхэм яхузэф1эк1ыпхъэщ: памятникым къытепсэлъыхьыжыфу егъэсэн, сочиненэ ятхыфын.
Урокым и ухуэк1эр: 1.Къызэщ1эзыкъуэ псалъэ;
2.Хэзышэ, актуализацэ щ1эныгъэхэр;
3.Темэщ1эм хэшэн;
4.Гуп-гупк1э, щхьэзакъуэ лэжьыгъэхэр;
5.Темэщ1эр егъэбыдыл1эн;
6.Къызэщ1эзыкъуэж псалъэ;
7.Щхьэхуэ-щхьэхуэ унэ лэжьыгъэ,сочиненэ зэмыл1эужьыгъуэ ятхыным и зэф1эк1 хэгъэхъуэн.
Зыхуэзгъэувыжа дидактическэ къалэнхэр урокым и 1ыхьэ псоми щыгъэзэщ1а хъуащ.
Метод урокым къыщыдгъэсэбэпахэр: наглядность, проблемность,дифференцированнэ егъэджэныгъэ, личностно-ориентированнэ бгъэдыхьэк1э. Методхэр яджхэмрэ зынэса программэмрэ хуок1уэ ик1и щ1эныгъэф1хэр ягъуэтауэ жып1э хъунущ.
Урокыр ек1уу ек1уэк1ащ. 1эмал зэмыл1эужьыгъуэхэмк1э еджак1уэхэм щ1эныгъэф1хэр зэрагъэгъуэтыным хуэша хъуащ.Абыхэм папщ1э къалэн зэмыл1эужьыгъуэхэр еджак1уэ дэтхэнэми хузэф1эк1ыным елъытауэ къызэрылъысам зэша зыри къыхэк1акъым. Нэхъ къахэжанык1 сабийхэр тезгъэгушхуэурэ,языныкъуэ шынэхэм садэ1эпыкъуурэ естыну сызыхуея щ1эныгъэр еджак1уэхм ябгъэдэслъхьащ.
Еджак1уэхэмм я бзэр шэрыуэщ, материалыр гуры1уэгъуэ зэрысщ1ыным,ауэ научнэ терминхэри езгъэщ1ащ, езыхэми а ягъуэта щ1эныгъэхэри гъащ1эм къыщагъэсэбэпыфынущ, псом хуэмыдэу урысыбзэ, культурэ урокхэм.
Гъэсэныгъэр урокым и дэтхэнэ 1ыхьэми епхауэ щытащ.
Урокым и 1ыхьэ нэхъыф1ыр: макъамэ, презентацэхэр, сурэтхэр, еджак1уэхэр зыхуэк1уа гупсысэхэр.
Урокым и оценкэр:Урок щ1эныгъэ хэзыгъахъуэщ, хуезыгъаджэ,хуезыгъасэ и лъахэмрэ абы и ц1ыху пажэхэм пщ1э хуащ1у хуегъэсэным.
Сэ си егъэджэныгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр: дэ дгъэсэну ди къалэнщ ди къэралым и ц1ыху, и Хэку ф1ыуэ илъагъуу, и культурэм пщ1э хуищ1у, ди гъащ1эр иригъэф1ак1уэу.