1.Вед: Фи махуэ фIыуэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ, ди ныбжьэгъуфIхэ!
Нобэ дызытепсэлъыхьыныр адыгэ хабзэращ.
ЦIыхур дунейм къытохъуэри гъащIэу къыхуиухар къегъащIэ. ЦIыхуи, лъэпкъи щыIэкъым езым игъэувыжа хабзэхэм темыту, щхьэрыхъу къудейуэ псэууэ. Лъэпкъ къэси езым и хабзэ иIэжщ, абы къинэмыщIауэ унагъуэ къэси езым игъэувыжауэ, а унагъуэм исхэм я зэхущытыкIэр, мардэу зэбакъуэ мыхъунухэр жыпхъэ гуэрым игъэувауэ хабзэ цIыкIуфэкIухэри яIэжщ. Хабзэр цIыху къэс, унагъуэм, лъэпкъым я напэщ, я набдзэщ, я бзыпхъэщ, я нэмысщ, я гъащIэ гъуазэщ. Лъэпкъым пщIэ зэрыхуащIыр зэрихьэ и хабзэрщ. Лъэпкъым хабзэфI иIэмэ, узыншэщ, щIэблафIэщ, къэкIуэн иIэщ. Адыгэ хабзэр илъэс минхэм къыпхрыкIа, гужьеипIэми, кIуэдыпIэми сыт щыгъуи адыгэр къизыша лъэпкъ фIыгъуэщ, напэщ. Адыгэ хабзэм уригушыIэ хъуну зыри хэлъкъым, ар цIыху гъащIэм и сыт хуэдэ джылъ цIыкIуми чэнджэщ IущкIэ бгъэдыхьэ узэщIакIуэ- гъэсакIуэщ.
Адыгэ хабзэр ткIийуэ, псоми я зэхуэдэу зэрыщытам и щыхьэту псалъэжь Iэджэ ди деж къэсащ: «ХабзэмыщIэ емыкIухьщ», « Хабзэм къемызэгъыр и бийщ», ХабзэмыщIэ щIыкIейщ», «Хабзэр убзэкъым ,акъылыр къалэмкъым».
Нобэ фэдгъэлъагъуну дыхуейщ адыгэ хабзэм щыщу сабийм кIэлъызэрахьэ лъэтеувэ.
Анэшхуэм лъэтеувэр къызэIуех.
Нышэдибэ си гуфIэгъуэщ
Ди гъунэгъухэр къысхуэвжыхь,
Хьэблэм дэсым псоми жефIэ,
Iыхьлы зыри къэвмыгъанэ,
Къуажэ жылэр схуэвгъэгуфIэ,
ГуфIэ Iэнэр сэ соубэ,
Си нэхунэ гъуэгу техьащ,
Тхьэм и гъуэгур махуэ ищI.
2.Вед: Дзадзум и Iэпэр ямыIыгъыжу зекIуэф хъумэ, япэми иджыри зы унагъуи зыкъамыгъанэу лъэтеувэ хуащI. Мыр гуфIэгъуэшхуэщ. Лъэпкъым щыщ зы цIыху цIыкIу и лъэ зэрихьэу адыгэщIым къытеуващ.
1.Вед: Лъэтеувэр унагъуэ тхьэлъэIу пэтми, абы кърихьэлIэт Iыхьлыхэр, благъэхэр, хьэблэр (хьэщIэ къэкIуахэр кърагъэблагъэ). Хьэблэм дэсхэм ямыщIэу, абы къыдамыгуэшу адыгэхэм зы Iуэхуи ялэжьу щытакъым: хъерри, тхьэлъэIури, лIам хуащIапхъэри зэдаIэтт. Нэхъ хуэщIахэм Лъэтеувэ шыгъажэ хуащIт, кхъуейплъыжьпылъи аргуэру хуэзыщIыжи щыIэт, къуэныши хуаукIыжт.
2.Вед: Ауэ адыгэ псоми я зэхуэдэу сабийм хуаубэ хьэлыуэ Iэнэ. Нэхъ зэман жыжьэм уIэбэжмэ, сабийм хуагъажьэу щытащ жьэгу мэжаджэшхуэ, зытрагъэIэбэри арат. Хьэлыуэ Iэнэм щащыху къабзэ трапхъуэрт. Хъыджэбз цIыкIухэм хутралъхьэр бзылъхугъэ IэщIагъэхэм ехьэлIа пкъыгъуэхэрт: бохъшэ, чысэ, хэдыкI, дэнлъэч, мастэ- Iуданэ, ланыстэ, тхылъ, ахъшэ, нобэрей гъащIэм къыздихьауэ щIалэ цIыкIухэм хутралъэхьэхэм ящыщи.
1.Вед: А псори хьэзыр хъумэ, лъэтеувэ зыхуащI сабийр Iэнэм лъэбакъуэ зытIущкIэ
пэжыжьэу къагъэув. Япэм щыгъуэ : « Лъахъэр зэпыдоупщI!» - жаIэти,
сабий къэувам и лъакъуэ зэхуакум мэжаджэ дахт. Иджы апхуэдэу зыщIыж щIагъуэ щыIэкъым.
Сабий къэувам фызыжь Iэзэ е анэшхуэр еджэт:
«Мимэ, мимэ щIы си дыгъэ,
Мимэ, мимэ щIы си нэху,
Лъэтеувэр тхьэлъэIупIэщ,
Мимэ пщIырэ уи пIэм уикIмэ,
БэкIэ пIащIэу мес уи дадэ,
Фадэ пIащIэр и хьэзырщ,
Мимэ, мимэ щIы тIасэ,
Мимэ, мимэ щIы си фо.
Фадэ пIащIэми нэмыщIу
Гъэлъэхъу пшэрри кIэрытщ,
Зещэтэжу жэмыбгъэбзри
Кърибзэну и мурадщ…»
Мыбы адэкIэ сабийм хэт сыт хуэдэ фIыгъуэ дилъагъуну хуейми къыкIэлъигъакIуэт.
Мы къебжэкIыр кIыхьу, зэхуэмыдэу, щIалэ цIыкIуми хъыджэбз цIыкIуми яхуэгъэзауэ хужаIэт. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэрей лъэтеувэм а къебжэкI дахэхэр кIэрыхужащ къанэ щIагъуэ щымыIэу.
1.Вед: КъебжэкIым и ужькIэ сабийр яутIыпщри, Iэнэм бгъэдагъэхьэ, абы телъхэм ящыщу нэхъ и нэ къыфIэнэр къищтэмэ, и хъуреягъым щыт балигъхэр мэгуфIэ, абы « IэщIагъэ хуэхъунур къищта» хуэдэу защIри. Псом хуэмыдэу зи IэщIагъэ и Iэмэпсымэ къыхихахэм зыкърагъэлыжкъым.
Иджы къаублауэ нэгъуэщI IэщIагъэ зиIэхэм я жагъуэ мыхъун щхьэкIэ сабийр тIэу- щэ трагъэIэбэ. Ауэ ар хабзэм къемызэгъщ, ар щыIакъым.( Сабийм Iэмэпсымэ къыхихам теухуауэ анэшхуэр йохъуэхъу. Хьэлыуэ Iэнэри якъутэ, хъуэхъу хужаIэ.)
Хъуэхъу
Фи хъыджэбз цIыкIур
Къарэкъэтинэу,
Бэрэтинагъуэу,
Данагъуэ Iупэу,
Щхьэцыпэ дыкъуакъуэу,
Шэнтым тесмэ тхьэрыкъуэу,
Зиукъуэдиймэ аслъэну,
Аслъэн сокур и щхьэцу,
Щхьэцыдзэ кIыхьу,
Хьэл- щэныфIэу,
ФIыгъуэ натIэу,
Куэдрэ узыншэу
Тхьэм фхуигъэпсэу.
2.Вед: Лъэтеувэм кърихьэлIа балигъхэм гуфIэгъуэ Iэнэ къыхуащтэ. Ауэ псом хуэмыдэу нэхъ гулъытэ зыхуащIыр сабийхэрщ. Ахэр дэгъуэу ягъашхэ, хьэлыуэ Iэнэ къакъутам щыщи гуIэфI тещIэжу трашхыхьыж. ИужькIэ ахэр ягъэджэгу. ТхьэлъэIур зей цIыкIур икум иту, псори зэдежьууэ мыр жаIэт:
« Мимэ, мимэ,
Щытхэм сыхэлъадэмэ,
Ахэм сахэбгъадэмэ…»
«Мимэ,мимэ,
Мимэ къарэ- къарэ,
Мимэ къарэмыщэ.
Пхъэмыщхьэр мэщащэ,
Данэ цIыкIур мэщыпэ,
И чы пыIэр къыщенэ.
Идар макIуэри мэшынэ,
Динэ макIуэри къехьыж.
Мимэ, мимэ,
Мимэ къарэщауэ.
Пхъэщхьэмыщхьэр мэщащэ,
Идар цIыкIу мэщыпэ,
И чы пыIэр къыщенэ,
Динэ макIуэри мэшынэ,
Алий макIуэри къехьыж.
КIадэ,
Дащхьэ,
Гущхьэ,
Лъынэ
Пхъэщхьэмыщхьэр бдубагъуэ,
Уи узыгъуэр укIуэди,
МыкIуэдыну укъэхъу.
Мыр жаIа нэужь лъэтеувэ зыхуащI цIыкIур зебырфэу ( адрейхэр псори къоувыIэ) зыгуэрым бгъэдохьэ.Зыбгъэдыхьам и цIэр псоми зэдэхъуу жаIэри, ар утыкум къохьэ…
Апхуэдэу сабийхэр ешыху ягъэджэгу, хуиту, зыри зэран къахуэмыхъуу.
Лъэтеувэ тхьэлъэIури ижь- ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадекIуэкI хабзэ дахэщ, Iыхьлыхэр зэрызыгъэлъагъущ, сабийхэр зыгъэгуфIэщ.
2.Вед: Лъэтеувэр нэхъыбэ пэтми, лъэпкъым къыхохъуэ, зеужь. Дэтхэнэ адыгэ унагъуэри лъэтеувэм и дауэдапщэм гъэ къэс хэмыкIыурэ АдыгэщI телъыджэм тебэгъухьыжыну ди лъэпкъым дыхуоупсэ!.
Адыгэ джэгу ящI.
1.Вед: Нобэ къыдэплъахэм берычэт бесын яжыдоIэ.
[pic]
ЕзыгъэкIуэкIар: Шырыкъу З.М.
2013гъ