Къагъырмэс Борис
«Псори зыщ1э Болэт».
-Дахэщ, гуак1уэщ, щ1эщыгъуэщ гъэм и дэтхэнэ зэманри.
Уи гур хагъахъуэ , узы1эпешэ а теплъэгъуэ дахэхэм ди щ1ыналъэм и сурэтхэмк1э ущеплъым деж.
Девгъэплъыт абы.
2. Дунейм и теплъэр мэкъамэ щ1эту экраным къегъэлъагъуэ.
«Щ1ып1эу щы1эм я нэхъ дахэу,
Сытым щыгъуи дрипагэу,
Ц1ык1ухэр дэнэ дыщыпсэур?
Ар ди Хэкурщ! Ар ди Хэкурщ!»
-Мы едзыгъуэр сыт хуэдэ усэ къызыхэсхар? Хэт ар зытхар?
(«Сабий уэрэд» Къагъырмэс Борис)
2. Къагъырмэс Борис и сурэтыр экраным къохьэ. Урокым и темэр: Къагъырмэс Борис «Псори зыщ1э Болэт» рассказыр зэпкърыхын.
-Къызэрывгуры1уащи, нобэ дызытепсэлъыхьынур Къагъырмэс Борис и «Псори зыщ1э Болэт» рассказырщ.
Нобэ мы урокым ди мурадщ (Езыхэр къегъэджэн).
1) Гъэм и зэманхэм, дунейм и къэхъукъащ1эхэм теухуауэ ди1э щ1эныгъэм хэдгъэхъуэну.
2) Ц1ыхум хэлъын хуей хьэл мыхъумыщ1эхэм (щхьэщытхъуным, зыкъызыф1эщ1ыжыныгъэм, пц1ым) гущык1 хуэщ1ыным. Ц1ыхугъэ, пэжыгъэ тхэлъу дыпсэун зэрыхуейм дригъэгупсысыну.
3 )Ди бзэм, псалъэк1эм и къабзагъэм зегъэужьыным.
-Унэм «Псори зыщ1э Болэт» рассказым псоми щыгъуазэ зыхуэфщ1ын хуейуэ щытащ.
-Лэжьэн щ1эддзэн ипэк1э гупит1у зыдгуэшыну сыхуейт.
-Мы тхыгъэм фызыщымыгъуазэу къэслъытэ псалъэхэр къыхэсхащи экраным доплъ абыхэм.
Ахэм я мыхьэнэр нэгъуэщ1у зэрыжып1э хъуну псалъэхэри къехыгъуэм къыщыхьащи ар зэхуэвгъэк1уэфмэ псалъэ къыхэсхахэм я мыхьэнэр фщ1эуэ аращи ,хэт пэлъэщыну п1эрэ абы?
-
Мыгуры1уэгъуэ_________
Пщ1ащэ_____________
Нэщхъыф1э____________
Уэгум_________________
уафэ
гуапэ
гуф1э
тхьэмпэ
гугъу,
-Псалъэхэм я мыхьэнэр пэжу къывгуро1уэр.
-Адэк1э фыкъода1уэр: «_______Абы (----------) пщэдджыжьым къэтэджауэ зихуапэрт, щхьэгъубжэмк1э дэплъри – уэс къесат. Езыр-езыру «Уэсыр сытым къыхэк1ыу п1эрэ?» жи1эу зэупщ1ыжащ.
Мы упщ1эм куэдрэ ар игъэгупсысащ»
-Хэт зи гугъу ищ1ыр мы сыкъызэджам? Сыт хуэдэ тхыгъэ ар къызыхэщыжыр? Зытхар хэт?
(Цагъуэ Нури «Уэсыр сыт къыхэк1рэ?» Зи гугъу ищ1ыр К1унэщ)
Япэ гупым
- Ат1э сытк1э зэщхьэщык1рэ мы рассказхэр? (Болэтрэ К1унэрэ я хьэлхэр зэщхькъым. Болэт имыщ1эр къе1уатэ, и щхьэм щотхъуж, К1унэ имыщ1эр ерыщу щ1эупщ1эурэ зрегъащ1э, ар гумызагъэщ.)
Ет1уанэ гупым
- Сытк1э зэщхь мы рассказит1ыр? ( К1уни Болэти ямыщ1эм щыгъуазэ зыхуащ1,
куэдым гу лъатэ. Рассказит1ми щытопсэлъыхь дунейм и къэхъукъащ1эхэм.)
-Пасэ зэманым дунейм къыщыхъунухэр дауэт къызэращ1эр?
(нэщэнэхэмк1э)
- Фыщыгъуазэу п1эрэ апхуэдэ нэщэнэхэм фэ?
Гупит1ым нэхъ псынщ1эу хэт къищ1эн?
-Пщэдджыжьым пшэк1эплъ къищ1амэ .....(махуэр уэлбанэнущ)
-Пщыхьэщхьэм къищ1мэ..... (уэф1 хъунущ)
-Пц1ащхъуэр лъахъшэу лъатэмэ......(уэшх къешхынущ)
-Пщэдджыжьым пшагъуэмэ ,дунейр.....(уэф1ынущ)
-Пщыхьэщхьэм уафэр бзыгъэмэ......(уэф1 хъунущ)
__________Фэ езым фщ1эуэ п1эрэ иджыри нэщэнэ?
-Псы ежэхым бахъэ щхьэщытмэ.......(уэлбанэ хъунущ)
-Щыблэ уамэ махуиблк1э уэшх къешхынущ.
..................
-Хъарзынэу фощ1э нэщэнэхэр. Апхуэдэуи фщ1эуэ п1эрэ, дунейм и къэхъукъащ1эхэм теухуа къуажэхьхэр?
-Къуажэхьхэр экраным итщ, абы фыкъоджэри, къыфхуэмыщ1эмэ ахэм я 1унк1ыбзэр ягъусэщи ар 1уфхын хуейщ, хьэрфхэр пэжу зэхуэвгъак1уэурэ.
-Мэфий, мэк1ий, хьэкъугъыр къреш (А,Э, Щ, П, Жь)
-Ди пщ1ант1э гуэдз хьэжыгъэ дэзщ (С, Э, У)
-Зи къуэпсыр дуней псом лъэ1эс (Гъ, Э, Д, Ы)
-Маф1эм имыс, псым имытхьэлэ (Л, М. Ы)
-Щ1эрыщ1э защ1эк1э гъэ къэс зызыхуапэ (А, Э, Т, Х, Гъ)
-Къуажэхьхэми хъарзынэу фапэлъэщащ. Иджы хэт нэхъыф1у пэлъэщыну п1эрэ псынщ1эрыпсалъэ къэпсэлъыным.
- «Дыгъэгъазэм зыщигъазэм, дыгъэр щыгъуазэти зигъазэри и нэбзийхэмк1э къабзийм ебзейри бзэхыжри, зибзыщ1ыжащ»
--Фи картэчкэхэр къафщтэт иджы.
Абы къыщыхьа япэ лэжьыгъэм фоплъ. Псалъэхэм хэт хьэрфхэр зэдзэк1ащи фэ пэжу зэхывогъэувэж, иужьк1э а псалъэхэм фыкъоджэ.
1) (э,х,т,а,гъ )- гъатхэ (губгъуэ щхъуант1э. жыг гъэгъахэр,...
2) (э,ху, м, а, гъ, э)- гъэмахуэ(дыгъэ дзакъэ, жыг щхъуант1э,...
3).(э, хь, ы, жь, б)- бжьыхьэ(гъавэ бэв,уэшх,....
4) (э,ху,а, м, ы, щ1)- щ1ымахуэ(уэс,мыл, 1эжьэ,....
--А псалъэхэр щызэхэфхк1э фи нэгум сытхэр къыщ1эувэрэ?
-Иджы сыхуейт гъэм и зэманхэм щыщу фэ нэхъ фигу ирихь теплъэр сурэтк1э къэвгъэлъэгъуэну. (гупит1ми ящ1 сурэтхэр)
-Сыт уэ къыщ1ыхэпхар мы сурэтыр?
-Хъарзынэу гупит1ми сурэт дэгъуэхэр фщ1ащ. Жа1э, дэтхэнэми сурэт щищ1к1э езым и щытык1э, е и гухэлъ, е и гум къеуэ 1уэхугъуэ гуэр къигъэлъагъуэу. Ещхъыркъабзэу тхыгъэ зытхми езым игу иримыхь е ирихь 1уэхугъуэхэр, хьэл гуэрхэр къегъэлъагъуэ. Уеблэмэ и тхыгъэм ф1эщыгъэц1э ф1ищыжу.
-Ат1э дауэ феплърэ, щхьэ мы рассказым Къагъырмэс Борис «Псори зыщ1э Болэт» ф1ища?
(Болэт псори ищ1э игугъэжу зыкъыф1эщ1ыжащи ауан ищ1у аращ)
-Сытхэм къуагъащ1эрэ абы апхуэдэ хьэл мыхъумыщ1э зэрыхэлъыр?
(Ц1ык1ухэм Болэт кърат упщ1эхэм жэуап зэрыритыж щ1ык1эм къуагъащ1э)
-Ц1ык1ухэм я упщ1эхэмрэ Болэт и жэуапымрэ япэ гупым щыщ хэт къеджэн?
(«Жыгхэр сыт щ1эщхъуант1эр?», - «Жыгхэр щ1эщхъуант1эр пщ1ащэ щхъуант1э япытщи аращ. Бжьыхьэм ахэр гъуэжь мэхъури,жыгхэри гъуэжьыфэщ»)
-Фыарэзыуэ п1эрэ фэ абык1э?
А упщ1эм и пэжып1эр нобэ зыгъэхьэзырам девгъэда1уэт.(Хьэ1ишэт)
-Болэт ирата ет1уанэ упщ1эмрэ, абы и жэуапымрэ фыкъеджэт ет1уанэ гупым щыщ.
«Мо уэгум ит пшэхэр сыт щ1есыр?»
«Флъагъуркъэ а пшэхэм лъакъуи, щэрхъи зэращ1эмытыр? Лъакъуэ я1амэ к1уэнут, шэрхъ ящ1этамэ жэнут. Ахэр я1экъыми аращ щ1есыр»
-Фэ абы арэзы фытехъуэрэ? Ет1уанэ гупым сыт жыф1эн абы теухуауэ?
(Пшэхэр – ар псым къыхэк1а бахъэщ, а бахъэращ пшэ хъужыр, жьым пшэхэр кърехьэк1)
-Ц1ык1ухэм я ещанэ упщ1эхэмрэ абы Болэт жэуап иритымрэ,( япэ гупым щыщ фыкъеджэт)
«Сыт уэшх къыщ1ешхыр?»
«Уэшхыр хьэлъэ 1ейщи, пшэхэм яхуэмы1ыгъыу къожэх»
-Нэхъ тэмэму хэт жи1эн а упщ1эм и жэуапыр? (Псыхэм сыт щыгъуи бахъэ хуабэ къыхэху, ахэр уафэм жьым дрехьей, лъагэу е1эт, абы щызэ1уощ1эжри пшэ мэхъу. Пшэ ц1ык1ухэр жьым кърихьэк1ыурэ куэд зэрогъэхъури хьэлъэ хъуа псы тк1уэпсхэр уэшхыу къошхыж.
-Ц1ык1ухэм я упщ1э етхуанэмрэ абы и жэуапымрэ фыкъеджэт ет1уанэ гупым щыщ.
«Ныт1э жы1эт сыт хьэм к1ит1 щ1имы1эр?»
«Мис ар зэзгъэщ1акъым иджыри, ауэ фымып1ащ1э пщэдей нэхъ дэмык1ыу абы и жэуапри фэстынщ»
-Хэт жи1эфыну п1эрэ мы упщ1эм и жэуапыр?
(Мы упщ1эм и жэуапыр Хьэ1ишэт къывжи1энущи дода1уэ)
Картэчкэхэр
Лэжь.2
-Фи карточкэхэм ярыт псалъэ гупым хэт нэхъ псынщ1эу псалъэжь къыхищ1ык1ыфын?
( Зыф1ещыж, ц1ыхум, и ц1эр езым – «Ц1ыхум и ц1эр езым зыф1ещыж»)
Лэжь.3
-Фи карточкэхэм къыщыхьа псалъэхэм щыщу Болэт фигу иримыхьу хэлъ хьэлхэр къэрэндащ ф1ыц1эк1э щ1ывотхъэри фыкъоджэж а псалъэхэм. Сыт хуэдэхэра ар?
Гъэса
Жы1эщ1э,
1ущ,
Щхьэщытхъу,
Пэж,
Пц1ыупс,
Губзыгъэ,
Гулъытэ зи1э,
Зыкъызыф1эщ1ыжа
-Ат1э флъэк1амэ сыт хуэдэ ф1эщыгъэц1э ф1эфщынт мы рассказым?
(Болэт – щхьэщытхъу, Болэт – зыкъызыф1эщ1ыжа)
--Фигу ирихьрэ фэ а хьэлхэр?.
Лэжь. 4
-Карточкэхэм къыщыхьа псалъэ зэблэдзахэм псалъэуха къыхэфщ1ык1и фегупсысыт ,хъуну п1эрэ а псалъэжьхэмк1э Болэт хуэдэхэм захуэвгъазэ?.
1)-Т1ыс, гупсыси, зыплъыхьи, псалъэ
Ет1уанэ гупым :
2)-Зещ1, зызыф1эщ1, пщы, къэп1этмэ.
Япэ гупым:
3)-Хъуркъым, упщ1э, щ1эщхъу
Ет1уанэ гупым:
4)-Зэ ,т1эу , егупсыс,жып1энум.
-Урокым и к1эм сыхуейт фегупсысу къызжеф1эну. Мы рассказымк1э тхак1уэм сытым дыхуиущийрэ, сытхэм зыщытхъумэн хуейуэ жи1эрэ?.
(Емык1у къомыхьу дунейм упсэун папщ1э хьэл мыхъумыщ1эхэр зыхэбгъэлъ хъунукъым ,щхьэщытхъужыныгъэм, зыкъызыф1эщ1ыжыныгъэм, пц1ым зыщыхъумэн хуейщ. Пэжыр жып1эу, умыщ1эр зэбгъащ1эу , къэбгъуэту щытын хуейщ).
-Нобэ хъарзынэу гупит1ри фылэжьащ,иджы девгъэплъыт .дэтхэнэ гупым нэхъыбэ дамыгъэ и1эми ахэр тек1уащ ди зэпеуэм.
- Хъарзынэщ,абдежым ди урокыр нобэ дыухынщ. Берычэт бесын !.
---Унэ лэжьыгъэу Къагъырмэс Б. и «Хьэдзыгъуэнэмрэ Бжьэмрэ» басням щыгъуазэ зыхувощ1.
Картэчкэхэр
Лэжь . 1
Псалъэхэм хэт хьэрфхэр зэдзэк1ащи фэ пэжу зэхывогъэувэж, иужьк1э а псалъэхэм фыкъоджэ.
1) (э,х,т,а,гъ )- гъатхэ (губгъуэ щхъуант1э. жыг гъэгъахэр,...
2) (э,ху, м, а, гъ, э)- гъэмахуэ(дыгъэ дзакъэ, жыг щхъуант1э,...
3).(э, хь, ы, жь, б)- бжьыхьэ(гъавэ бэв,уэшх,....
4) (э,ху,а, м, ы, щ1)- щ1ымахуэ(уэс,мыл, 1эжьэ,..
Лэжь .2
-Фи карточкэхэм ярыт псалъэ гупым хэт нэхъ псынщ1эу псалъэжь къыхищ1ык1ыфын?
( Зыф1ещыж, ц1ыхум, и ц1эр, езым – «Ц1ыхум и ц1эр езым зыф1ещыж»)
Лэжь 3
-Фи карточкэхэм къыщыхьа псалъэхэм щыщу Болэт фигу иримыхьу хэлъ хьэлхэр къэрэндащ ф1ыц1эк1э щ1ывотхъэри фыкъоджэж а псалъэхэм. Сыт хуэдэхэра ар?
Гъэса
Жы1эщ1э,
1ущ,
Щхьэщытхъу,
Пэж,
Пц1ыупс,
Губзыгъэ,
Гулъытэ зи1э,
Лэжь.4
-Карточкэхэм къыщыхьа псалъэхэм псалъэуха къыхэфщ1ык1и фегупсысыт ,хъуну п1эрэ а псалъэжьхэмк1э Болэт хуэдэхэм захуэбгъазэ?.
1)-Т1ыс, гупсыси, зыплъыхьи, псалъэ
2)-Зещ1, зызыф1эщ1, пщы, къэп1этмэ.
3)-Хъуркъым, упщ1э, щ1эщхъу
4)-Зэ ,т1эу , егупсыс,жып1энум
1 Экраным
«Щ1ып1эу щы1эм я нэхъ дахэу,
Сытым щыгъуи дрипагэу,
Ц1ык1ухэр дэнэ дыщыпсэур?
Ар ди Хэкурщ! Ар ди Хэкурщ!»
2 Къагъырмэс Борис
«Псори зыщ1э Болэт» рассказыр .
Нобэ мы урокым ди мурадщ:
1) Гъэм и зэманхэм, дунейм и къэхъукъащ1эхэм теухуауэ щ1эныгъэм хэдгъэхъуэну.
2) Ц1ыхум хэлъын хуей хьэл мыхъумыщ1эхэм (щхьэщытхъуным, зыкъызэф1эщ1ыжыныгъэм, пц1ым,пагагъэм) гущык1 хуэщ1ыным. Ц1ыхугъэ, пэжыгъэ тхэлъу дыпсэунымк1э гъэсэныгъэ зэдгъэгъуэтыну.
3 )Ди бзэм и ф1агъым , и къулеягъым хэдгъэхъуэну.
-
Мыгуры1уэгъуэ
Пщ1ащэ
Нэщхъыф1э
Уэгум
уафэ
гуапэ
гуф1э
тхьэмпэ
гугъу,
3
4 -Пщэдджыжьым пшэк1эплъ къищ1амэ ……….
-Пщыхьэщхьэм къищ1мэ._________ .....
-Пц1ащхъуэр лъахъшэу лъатэмэ )__________ ......
-Пщэдджыжьым пшагъуэмэ ,дунейр _______.....
-Пщыхьэщхьэм уафэр бзыгъэмэ ____________......
-Псы ежэхым бахъэ щхьэщытмэ ___________.......
5
-Мэфий, мэк1ий, хьэкъугъыр къреш (А,Э, Щ, П, Жь)
-Ди пщ1ант1э гуэдз хьэжыгъэ дэзщ (С, Э, У)
-Зи къуэпсыр дуней псом лъэ1эс (Гъ, Э, Д, Ы)
-Маф1эм имыс, псым имытхьэлэ (Л, М. Ы)
-Щ1эрыщ1э защ1эк1э гъэ къэс зызыхуапэ (А, Э, Т, Х, Г
6 - «Дыгъэгъазэм зыщигъазэм, дыгъэр щыгъуазэти зигъазэри и
нэбзийхэмк1э къабзийм ебзейри бзэхыжри, зибзыщ1ыжащ»
0тветы
1
Къагъырмэс Борис
.
«Псори зыщ1э Болэт» рассказыр .
«Щ1ып1эу щы1эм я нэхъ дахэу,
Сытым щыгъуи дрипагэу,
Ц1ык1ухэр дэнэ дыщыпсэур?
Ар ди Хэкурщ! Ар ди Хэкурщ!»
Мы едзыгъуэр сыт хуэдэ усэ къызыхэсхар? Хэт ар зытхар?
(«Сабий уэрэд» Къагъырмэс Борис)
Нобэ мы урокым ди мурадщ:
1) Гъэм и зэманхэм, дунейм и къэхъукъащ1эхэм теухуауэ ди1э щ1эныгъэм хэдгъэхъуэну.
2) Ц1ыхум хэлъын хуей хьэл мыхъумыщ1эхэм (щхьэщытхъуным, зыкъызыф1эщ1ыжыныгъэм, пц1ым) гущык1 хуэщ1ыным. Ц1ыхугъэ, пэжыгъэ тхэлъу дыпсэунымк1э гъэсэныгъэ зэдгъэгъуэтыну.
3 )Ди бзэм и ф1агъым , и къулеягъым хэдгъэхъуэну.
(К1унэ) пщэдджыжьым къэтэджауэ зихуапэрт, щхьэгъубжэмк1э дэплъри – уэс къесат. Езыр-езыру «Уэсыр сытым къыхэк1ыу п1эрэ?» жи1эу зэупщ1ыжащ.
Мы упщ1эм куэдрэ ар игъэгупсысащ»
-Хэт зи гугъу ищ1ыр мы сыкъызэджам? Сыт хуэдэ тхыгъэ ар къызыхэщыжыр? Зытхар хэт?
(Цагъуэ Нурий. «Уэсыр сытым къыхэк1рэ?» Зи гугъу ищ1ыр К1унэщ)
- Ат1э сытк1э зэщхьэщык1рэ мы рассказхэр? (Болэтрэ К1унэрэ я хьэлхэр зэщхькъым. Болэт имыщ1эр къе1уатэ, и щхьэм щотхъуж, К1унэ имыщ1эр ерыщу щ1эупщ1эурэ зрегъащ1э, ар гумызагъэщ.)
2
- Сытк1э зэщхь мы рассказит1ыр? ( К1уни Болэти ямыщ1эм щыгъуазэ зыхуащ1,
куэдым гу лъатэ. Рассказит1ми щытопсэлъыхь дунейм и къэхъукъащ1эхэм.)
-Пасэ зэманым дунейм къыщыхъунухэр дауэт къызэращ1эр?
(нэщэнэхэмк1э)
- Фыщыгъуазэу п1эрэ апхуэдэ нэщэнэхэм фэ?
-Пщэдджыжьым пшэк1эплъ къищ1амэ .....(махуэр уэлбанэнущ)
-Пщыхьэщхьэм къищ1мэ..... (уэф1 хъунущ)
-Пц1ащхъуэр лъахъшэу лъатэмэ......(уэшх къешхынущ)
-Пщэдджыжьым пшагъуэмэ ,дунейр.....(уэф1ынущ)
-Пщыхьэщхьэм уафэр бзыгъэмэ......(уэф1 хъунущ)
__________Фэ езым фщ1эуэ п1эрэ иджыри нэщэнэ?
-Псы ежэхым бахъэ щхьэщытмэ.......(уэлбанэ хъунущ)
-Щыблэ уамэ махуиблк1э уэшх къешхынущ.
-Къуажэхьхэр экраным итщ, абы фыкъоджэри, къыфхуэмыщ1эмэ ахэм я 1унк1ыбзэр ягъусэщи ар 1уфхын хуейщ, хьэрфхэр пэжу зэхуэвгъак1уэурэ.
-Мэфий, мэк1ий, хьэкъугъыр къреш (А,Э, Щ, П, Жь)
-Ди пщ1ант1э гуэдз хьэжыгъэ дэзщ (С, Э, У)
-Зи къуэпсыр дуней псом лъэ1эс (Гъ, Э, Д, Ы)
-Маф1эм имыс, псым имытхьэлэ (Л, М. Ы)
-Щ1эрыщ1э защ1эк1э гъэ къэс зызыхуапэ (А, Э, Т, Х, Гъ)
3
--Фи картэчкэхэр къафщтэт иджы.
Абы къыщыхьа япэ лэжьыгъэм фоплъ. Псалъэхэм хэт хьэрфхэр зэдзэк1ащи фэ пэжу зэхывогъэувэж, иужьк1э а псалъэхэм фыкъоджэ.
1) (э,х,т,а,гъ )- гъатхэ (губгъуэ щхъуант1э. жыг гъэгъахэр,...
2) (э,ху, м, а, гъ, э)- гъэмахуэ(дыгъэ дзакъэ, жыг щхъуант1э,...
3).(э, хь, ы, жь, б)- бжьыхьэ(гъавэ бэв,уэшх,....
4) (э,ху,а, м, ы, щ1)- щ1ымахуэ(уэс,мыл, 1эжьэ,....
--А псалъэхэр щызэхэфхк1э фи нэгум сытхэр къыщ1эувэрэ?
-Къуажэхьхэми хъарзынэу фапэлъэщащ. Иджы хэт нэхъыф1у пэлъэщыну п1эрэ псынщ1эрыпсалъэ къэпсэлъыным.
- «Дыгъэгъазэм зыщигъазэм, дыгъэр щыгъуазэти зигъазэри и нэбзийхэмк1э къабзийм ебзейри бзэхыжри, зибзыщ1ыжащ»
-Ат1э дауэ феплърэ, щхьэ мы рассказым Къагъырмэс Борис «Псори зыщ1э Болэт» ф1ища?
(Болэт псори ищ1э игугъэжу зыкъыф1эщ1ыжащи ауан ищ1у аращ)
-Сытхэм къуагъащ1эрэ абы апхуэдэ хьэл мыхъумыщ1э зэрыхэлъыр?
(Ц1ык1ухэм Болэт кърат упщ1эхэм жэуап зэрыритыж щ1ык1эм къуагъащ1э)
-Ц1ык1ухэм я упщ1эхэмрэ Болэт и жэуапымрэ япэ гупым щыщ хэт къеджэн?
(«Жыгхэр сыт щ1эщхъуант1эр?», - «Жыгхэр щ1эщхъуант1эр пщ1ащэ щхъуант1э япытщи аращ. Бжьыхьэм ахэр гъуэжь мэхъури,жыгхэри гъуэжьыфэщ»)
-Фыарэзыуэ п1эрэ фэ абык1э?
А упщ1эм и пэжып1эр нобэ зыгъэхьэзырам девгъэда1уэт.(Хьэ1ишэт)
-Болэт ирата ет1уанэ упщ1эмрэ, абы и жэуапымрэ фыкъеджэт .
«Мо уэгум ит пшэхэр сыт щ1есыр?»
4
«Флъагъуркъэ а пшэхэм лъакъуи, щэрхъи зэращ1эмытыр? Лъакъуэ я1амэ к1уэнут, шэрхъ ящ1этамэ жэнут. Ахэр я1экъыми аращ щ1есыр»
-Фэ абы арэзы фытехъуэрэ? Ет1уанэ гупым сыт жыф1эн абы теухуауэ?
(Пшэхэр – ар псым къыхэк1а бахъэщ, а бахъэращ пшэ хъужыр, жьым пшэхэр кърехьэк1)
-Ц1ык1ухэм я ещанэ упщ1эмрэ абы Болэт жэуап иритымрэ япэ гупым щыщ фыкъеджэт
«Сыт уэшх къыщ1ешхыр?»
«Уэшхыр хьэлъэ 1ейщи, пшэхэм яхуэмы1ыгъыу къожэх»
-Нэхъ тэмэму хэт жи1эн а упщ1эм и жэуапыр? (Псыхэм сыт щыгъуи бахъэ хуабэ къыхеху, ахэр уафэм жьым дрехьей, лъагэу е1эт, абы щызэ1уощ1эжри пшэ мэхъу. Пшэ ц1ык1ухэр жьым кърихьэк1ыурэ куэд зэрогъэхъури хьэлъэ хъуа псы тк1уэпсхэр уэшхыу къошхыж.
-Ц1ык1ухэм я упщ1э етхуанэмрэ абы и жэуапымрэ фыкъеджэт ет1уанэ гупым щыщ.
«Ныт1э жы1эт сыт хьэм к1ит1 щ1имы1эр?»
«Мис ар зэзгъэщ1акъым иджыри, ауэ фымып1ащ1э пщэдей нэхъ дэмык1ыу абы и жэуапри фэстынщ»
-Хэт жи1эфыну п1эрэ мы упщ1эм и жэуапыр?
(Мы упщ1эм и жэуапыр Хьэ1ишэт игъэхьэзыращи дода1уэ)