Темэ: Дэбагъуэ Мухьэмэд «ПхъащIэ цIыкIу».
Мурадыр: - Дэбагъуэ Мухьэмэд и усэ «ПхъащIэ цIыкIум» нэIуасэ хуэщIын;
-IэщIагъэхэм нэIуасэ хуэщIын;
я къеджэкIэм , я бзэм зегъэужьын.
Урокым и екIуэкIыкIэр.
I.Къызэзгъэпэщ дакъикъэ.
-Сэлам яхын
-ГъэтIысыжын
-Урокым хуэгъэхьэзырын
-Псори захуэ цIыкIуу фыкъэув
-Лейуэ фи партэм телъхэр тефх
-Дэ нобэ хьэщIэ цIыкIу къытхуэкIуащ. Ар фызэрылажьэм еплъыну къэкIуащ.
II. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын, гъэбыдэжын.
-ЦIыкIухэ, дигу къэдывгъэгъэкIыжыт, сыт урок кIуам дызэлэжьар? Сыт унэ лэжьыгъэу фиIар?
-Хьэгъундокъуэ Рэмэзан «Хуэсакъ щIакхъуэм»
а) Усэм гукIэ къегъэджэн
- Сабийхэр усэм гукIэ къегъэджэн
б) ЦIыкIухэр усэм пычыгъуэкIэ къегъджэн
- Фи тхылъхэр къызэIуфх напэкIуэцI 83-м.
- Унэм яIа усэм пычыгъуэкIэ къегъэджэн.
-Дэгъуэу псори фыкъысхуеджащ. Унэ лэжьыгъэр зэрывгъэзэщIар сывогъэлъагъу абыкIэ.
в) Урок кIуам зэлэжьа псалъэжьхэр гъэбыдэжын
-ЦIыкIухэ, дигу къэдывгъэгъэкIыжыт урок кIуам дызэлэжьа псалъэжьхэм
- Гугъу уехьу къэблэжьар IэфIщ.
-ЩIакхъуэр дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ.
-Ерыскъы хыфIадзэкъым, теувэкъым.
-Дауэ а псалъэжьхэм я мыхьэнэр къызэрывгурыIуэр?
-Дэгъуэу къывгурыIуащ, зэвгъэщIащ мы псалъэжьхэм къарыкIхэр, я мыхьэнэр.
-ди хьэщIэри къыфщогуфIыкI, дэгъуэу фызэрылэжьам щхьэкIэ.
III. ТемэщIэм елэжьын. Гъэбыдэжын.
1.Произведенэ зэджэным хуэгъэхьэзырын.
а) Хэзышэ беседэ
- ЦIыкIухэ дэ нобэ нэIуасэ зыхуэтщIынущ «ПхъащIэ цIыкIу» усэм.
Ар зытхар Дэбагъуэ Мухьэмэд.
- Мис абы и сурэтыр
- Дэбагъуэ Мухьэмэд ди усакIуэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ. Жьакуэ къуажэм къыщалъхуащ. Мухьэмэд усэ куэд итхащ, абы и усэхэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым теухуащ. Ахэр хуэгъэзащ адыгагъэм, цIыхугъэм. Псом хуэмыдэу Мухьэмэд и усэхэр ятеухуащ сабийхэм, усакIуэм щIэблэм фIылъагъуныгъэу хуиIэр и усэхэм къыщыгъэлъэгъуащ.
- Нобэ дэ дызэджэну усэр теухуащ Iэщагъэм.
б) Словарнэ лэжьыгъэ
- ЦIыкIухэ, фыкъаплъэт мыбыкIэ. Сэ къывгурмыIуэну мы псалъэхэр къэслъытащ:
-пхъащIэ (плотник)
-гуэщ (сарай)
- пхъэпс – пхъэ зэраупс Iэмэпсымэ (рубанок)
- шэнтжьей – цIыхур ису,илъу къагъэсэбэп унэлъащIэ лIэужьыгъуэ (широкий жесткий диван, топчан)
- кхъуафэжьей (лодка)
2.Произведенэм къеджэн
а) ЕгъэджакIуэм и япэ къеджэныгъэ
- усэм гъэхуауэ IупщIу сакъыходжэ. КъагурымыIуаэмэ къагурызогъаIуэ.
- иджыри псалъэ къывгурымыIуа хэт ?
б) ЕджакIуэхэм я къеджэныгъэ
3.Произведенэр зэпкъырыхын
-Сыт хуэдэ IэщIагъэ Хъызыр зызригъасэр?
- Сыт Хъызыр ищIэхэр ?(усэм къыщывгъуэти фыкъысхуеджэ)
- Сыт Хъызыр ищIхэр?
- Хъызыр зэрыхъуным теухуауэ усакуэм жиIэр сыт ? (къэвгъуэти фыкъеджэ)
- ПхъащIэм и Iэмэпсымэхэр къевбжэкI
-Фэ сыт хуэдэ IэщIагъэ фIыуэ плъагъур?
4.Псалъэжьыр зэпкъырыхын
-«IэщIагъэ зиIэ и Iэпэ дыщэ къыпощ»
IV.Физминутка
V.Бзэм зезгъэужь лэжьыгъэ
1.Сурэтымкэ лэжьэн
2.Къуажэхьхэр къэщIэн
VI. Урокыр къызэщIэкъуэжын
VII.Оценкэ гъэувын.
I