Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение
«Средняя общеобразовательная школа №3» с.п.Аргудан
ШМО_______________
МКОУ
«СОШ№3»с.п.Аргудан
_______/_АраховаВ.Х./
Протокол №___
от«___» _________20___ г
«Согласовано»
Заместитель директора по УВР МКОУ «СОШ№3»с.п.Аргудан
_________ /ХутежеваХ.А./
«___» ___________20__ г
«Утверждаю»
ДиректорМКОУ «СОШ№3»с.п.Аргудан
_________/МашуковаР.М./
Приказ №______
от «___» __________20___
РАБОЧАЯ ПРОГРАММА
по кабардинской литературе
для 7 класса
Уровень: базовый
Учитель: Ширукова З.М.
Квалификационная категория: высшая
Рабочая программа составлена на основе примерной государственной
программы по кабардинскому языку для общеобразовательных школ . 5-11 классов под редакцией Гяургиева Х.З. Нальчик, 2010г.
2015
Зыубзыху тхыгъэ
7-нэ классым адыгэ литературэмк1э зэрыщылажьэ программэр зэхэлъхьащ илъабжьэмк1э къыщыгъэлъэгъуа документхэм, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей_Балъкъэр Республикэм ц1ыхубэм щ1эныгъэ егъэгъуэтынымк1э къищта Законхэмрэ концепцэхэмрэ япкъ итк1э:
Федеральный закон «Об образовании в Российской Федерации» № 273-ФЗ от 29 декабря 2012г., (п. 6. ст. 9, п. 2 ст. 32, п. 5.2. ст. 14).
-Законом КБР «Об образовании в КБР» от 24 апреля 2014г.
- Федеральный компонент государственного стандарта (начального общего образования, основного общего образования, среднего (полного) общего образования), утвержденным приказом Министерства образования России от 5.03.2004г № 1089.
- Федеральный государственный образовательный стандарт основного общего образования, утвержденным приказом Министерства образования РФ № 1887 от 17.12.2010
- Требования к оснащению образовательного процесса в соответствии с содержательным наполнением учебных предметов федерального компонента государственного образовательного стандарта. (Письмо Министерства образования и науки РФ от 01.04.2005 № 03-417 «О перечне учебного и компьютерного оборудования для оснащения образовательных учреждений») // Вестник образования, 2005, № 11 или сайт http:/ www. vestnik. edu. ru.
-СанПиН 2.42.2821-10, зарегистрированным в Минюсте РФ 3 марта 2011г.
- Региональный перечень учебников, рекомендованных (допущенных) Министерством образования КБР к использованию в образовательном процессе в образовательных учреждениях, реализующих образовательные программы общего образования на 2015/2016 учебный год.
- Базисный учебный план, утвержденный приказом Министерства образования РФ № 1312 от 09.03.2004.
-Примерная программа по кабардино-черкескому языку и литературе для
5-11 классов под редакцией Гяургиева Х.З. Нальчик, 2010г., взятая за основу.
-Учебный план МКОУ «СОШ №3» с.п.Аргудан на 2015-2016 уч.год.
-Положение о порядке составления и утверждения рабочих программ учебных предметов и курсов МКОУ «СОШ№3 с.п.Аргудан
Рабочэ программэр зэхэгъэуващ ФГОС-м къигъэув къалэнхэм ипкъ итк1э.
Программэм адыгэ литературэр 7 – нэ классым щегъэджыным сыхьэт 68хухэхащ, абы щыщу:
Сочиненэм – 8
Тхыгъэхэм – 60
Тхьэмахуэм литературэр щегъэджыным хухахащ -2
Адыгэ литературэр зищ1ысымрэ и зэхэлъык1эмрэ псори къыщ1эзыубыдэ гуры1уэныгъэ.
Школым и къалэн нэхъыщхьэр щ1эблэм щ1эныгъэ куурэ есэныгъэ быдэрэ етынырщ, ягъуэта щ1эныгъэмрэ есэныгъэхэмрэ хуей щыхъум къагъэсэбэпыфыным хуэгъэхьэзырынырщ. Абы и лъэныкъуэк1э анэдэлъхубзэр егъэджыным и мыхьэнэр мылъытэщ. Егъэджак1уэм и дуней еплъык1эр, ц1ыхухэм я зэхущытык1эхэр псом япэу къызэра1уатэр езым къыдалъхуа бзэрщ.
Анэдэлъхубзэр школым зэрыщаджыр лъэпкъ кулътурэм, хабзэм, гъэсэныгъэм пыщ1ауэщ. Абы къыхэк1к1э лъэпкъ школым и пщ1эр зэрыщыту къэ1этын хуейуэ къоув.
7 классхэм адыгэ литературэр щыджыным и къалэн нэхъыщхъэу щытын хуейщ: еджак1уэхэм я жьэры1уатэбзэмрэ тхыбзэмрэ нэхъри егъэф1эк1уэныр, литературэмрэ теориемрэ теухуауэ абыхэм щ1эныгъэ етыныр, моральнэ-этическэ, нравственнэ, художественно-эстетическэ гъэсэныгъэ егъэгъуэтыныр, абыхэм хуэдэ къабзэу, литературно-художественнэ тхыгъэхэм езыр-езыру къеджэфу ик1и зэпкърахыфу егъэсэныр, нэгъуэщ1 1уэхугъуэхэри.
7 классхэм я программэхэм къызэщ1аубыдэ адыгэ тхак1уэхэмрэ усак1уэхэмрэ я тхыгъэ нэхъыф1хэм щыщхэр. Мы классхэм тхак1уэхэм я литературнэ лэжьыгъэхэр зэрыщаджым къыдэк1уэу, дэтхэнэ тхак1уэми усак1уэми и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъуазэ щащ1. Тхак1уэхэм я тхыгъэу программэм къыщыгъэлъэгъуахэр мыгъэк1эщ1ауэ яджыпхъэщ.
Мурадхэр: еджак1уэхэм художественнэ литературэр зищ1ысыр, ар
искусствэ л1эужьыгъуэу зэрыщытыр егъэщ1эн;
художественнэ литературэм зыхэщ1эгъуэу, гъэхуауэ ирижэу
къеджэфхэу, къызэджари гук1э яубыдыфрэ гъэк1эщ1ауэ и
мыхьэнэ нэхъыщхьэр къыжа1эжыфу егъэсэн;
Къалэнхэр:
-анэдэлъхубзэм хуа1э лъагъуныгъэм хэгъэхъуэн, нэхъ куу щ1ын;
- адыгэ лъэпкъым и хабзэр, и нэмысыр, и тхыдэр ящ1эу
къэгъэхъун;
- гу къабзэ зи1э ц1ыхур ц1ыхум и дахап1эу зэрыщытыр ящ1эу
къэгъэтэджын;
- адыгэ 1уэры1уатэмк1э ягъуэта гуры1уэныгъэхэр нэхъ куу
щ1ын;
- эстетикэ и 1уэхук1э гуры1уэныгъэф1хэр, гъащ1эм, дунейм я
дахэмрэ я 1еймрэ зэхагъэк1ыфу, зыхащ1эу, 1ейм
зыщахъумэфу егъэсэн.
Адыгэ литературэр ФГОС-м тету школым щегъэджыным къалэну къегъэув:
иджыпсту къек1уэк1 информационнэ ехъул1эныгъэхэм к1элъыплъыфу, хэплъэфу, зыхуейр къыхахыфрэ къагъэсэбэпыфу егъэсэныр.
ФГОС-м ипкъ итк1э щ1эныгъэ ягъуэтын хуейхэр:
Еджак1уэм езым еджэныгъэм хуи1э щытык1эр (Личностные): еджэныгъэм тэмэму хущытын, и къэухьым зегъэужьыным иужь итын, щ1эуэ зыгуэр къищ1эну хуеин, и1э щ1эныгъэм хигъэхъуэн.
Унэт1ыныгъэ (Регулятивные): къещтэ мурадыр, едж ар гъэзэщ1а зэрыхъуным хущ1окъу, езым план егъэув ик1и абы тету мэлажьэ.
Щ1эныгъэ и1эным, щ1эуэ зыгуэр къищ1эным хущ1экъуныр (Познавательные): мурадыр къыгуро1уэ, къоджэ, йода1уэ, зыхуеинухэр щ1эныгъэр 1уэхухэмк1э къыгуро1уэ, езыр-езыру зыхуеинухэр тхылъым, тетрадым кърех.
Хуиту псалъэмакъым хыбошэ, псоми бгъэдыхьэк1э щхьэхуэ къахуегъуэт (Коммуникативные): упщ1эхэр ет, адрейхэм йода1уэ, упщ1эхэм жэуап ирет; езым и еплъык1э и1эжщ, яф1эщ ещ1ыф.
Адыгэ литературэ предметыр щ1аджым и ф1агъыр
Адыгэ художественнэ литературэм и тхыгъэ нэхъыф1хэр теухуащ щ1эблэр адэ щ1ыналъэмрэ ц1ыхубэмрэ яхуэпэжу гъэсэным. Морально-этическэ художественнэ нравственнэ, эстетическэ гъэсэныгъэ еджак1уэхэм егъэгъуэтыныр школым литературэр щегъэджыным и мурад нэхъыщхьэу мэув.
Адыгэ литературэр школым щегъэджыным и къалэн нэхъыщхьэхэм щыщщ еджак1уэхэр искусствэм и псалъэм, ц1ыхубэ 1уэры1уатэмрэ литературэмрэ куууэ хэшэныр ик1и ахэр и лъабжьэу школак1уэхэм я зэхэщ1ык1ым зегъэужьыныр, духовнэ, нравственнэ ик1и художественнэ я лъэныкъуэк1э зегъэузэщ1ыныр.
Адыгэ литературэр 1эмал имы1эу яджын хуейхэм ящыщщ. Абы кьалэнышхуэ и пщэ къыдохуэ щ1эблэр бзэм и 1эф1ыр зыхищ1эу, ф1агъ-дахагъымрэ гурымыхьымрэ зэхигъэк1ыфу, лъэпкъми ц1ыхубэми л1эщ1ыгьуэк1эрэ къадэгьуэгурык1уэ художественнэ дуней епльык1э телъыджэр игъэбатэу къэхъунымк1э. Ар зи акьыл зэф1эувэ ныбжьыщ1эм щ1эгъэкъуэн хуохъу и анэдэлъхубзэмрэ Хэкумрэ ф1ыуэ илъагьуу, дэтхэнэ лъэпкъми и ф1ыр илъытэу, дунейпсо щэнхабзэм щыгъуазэрэ езым и лъэпкъ щэнхабзэр абы ирилъытыжыфу къэхъунымк1э.
Литературэр убгъуауэ джыным кърок1уэ еджак1уэхэм я бзэм зиузэщ1ыныр, ф1агъ-дахагъым и хабзэхэр бзэм зэригъэшэрыуэ 1эмалхэр къагуры1уэныр, лъэпкъ литературэм и зыужьык1эмрэ щыгъуэзэныр, абы и тхыдэм къыхэщ лъэхъэнэ нэхъ инхэр къыхагъэщхьэхук1ыфыныр, художественнэ тхыгъэр и ф1агъ-дахагъхэмк1э ек1уу зэпкърихыфу егъэсэныр, литературэм и теориемрэ и хабзэ нэхъыщхьэхэмрэ ящ1эныр.
Ебланэ классым щеджэ еджак1уэхэм адыгэ литературэмк1э ягъэзэщ1апхъэ лэжьыгъэхэр, я зэф1эк1хэр, щ1эныгъэр егъэф1эк1уэнымк1э ахэр зыхуэунэт1ахэр (компетенцэ елъытауэ)
Курыт еджап1эхэм адыгэ литературэр щегъэджыным и къалэн нэхъыщхьэу мы къэк1уэнухэр къоув:
- ныбжьыщ1эхэм литературэм къыхахыу зэхэщ1ык1 лъагэрэ гъэсэныгъэ дахэрэ яхэлъу къэгъэтэджыныр; ц1ыхугъэм и щапхъэхэр, гуп ялъагъуу, жылагъуэ 1уэхухэмрэ щхьэзакьуэ гурыгъухэмрэ зэрагъэзэгъыфу, дэтхэнэми лъысыпхъэ пщ1эр хуащ1ыжу къэхъуныр;
- литературэ образ щыпкъэхэр и гъуазэу щ1эблэр жылагьуэ гъащ1эм
хэшэныр, ныбжъыщ1эхэм я зэчиймрэ зэф1эк1ымрэ къызэ1уегьэхыныр,
дуней псо ц1ыхубэм хигъэщхьэхук1а лъап1эныгъэ нэхъыщхьэхэр
къыгуры1уэу, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ хуэпэжу къэгъэхъуныр,
къэралымрэ унагъуэмрэ я пащхьэ щихь жэуаплыныгъэр зыхегъэщ1эныр,
лъэпкъхэм яку дэлъ ныбжьэгъугъэр гьэбыдэным, ц1ыхухэм
шынагьуэншагъэ псэук1э къахузэгъэпэщыным и бэнак1уэу
къэгъэтэджыныр;
еджак1уэхэр я анэдэлъхубзэк1э зек1уэ 1уэры1уатэмрэ тхыгьэ нэхъыф1хэмрэ щыгъуазэ ш1ыныр, абык1э хуэфащэ пщ1эр анэдэлъхубзэм хуащ1у ик1и иригушхуэу къэгъэхъуныр, лъэпкъ литературэм и тхыдэмрэ нобэрей и щытык1эмрэ куууэ щыгъэгъуэзэныр, абы и жанр нэхъыщхьэхэр, и тхыгъэ нэхъыф1ыр къа1урыгъэ1уэныр;
1уэры1уатэм и л1эужьыгьуэхэр, литературэ тхыгъэхэр псэк1э зыхащ1эу, зэпкърахыфрэ абы хэлъ ф1агъхэмрэ щыщ1эныгьэхэмрэ литературэмрэ тхыдэмрэ ящыщ щапхъэхэр къагъэсэбэпурэ къагъэнэхуэфу, езыхэми псалъэр эстетикэм и хабзэк1э ягъэшэрыуэфу, литературэр гъуазджэм и нэгьуэщ1 пкъыгъуэхэм зэрадэгъуэгурык1уэмрэ къазэрыщхьэщык1ымрэ 1упщ1у зэхащ1ык1ыу егъэсэныр.
Щ1эныгъэм и ф1агъыр къэзыгъэлъагъуэ унэт1ыныгъэхэр:
(социальные компетенции)
лъэк1ыныгъэхэр (поликультурные компетенции)
ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (информационные компетенции)
компетенции).
Адыгэ литературэр щебгъэджк1э къэбгъэсэбэп хъунущ мы къэк1уэну 1эмалхэр (методхэр):
Мы къэк1уэну щытык1эхэр (формэхэр):
Нэгъуэщ1 предметхэм пыщ1эныгъэ хуи1эхэр.
Адыгэ литературэр егъэджыным къыгуэхып1э имы1эу епхащ обществознанием, Къэбэрдей - Балъкъэр республикэм и тхыдэм, изо-м урыс литературэм, адыгэбзэ урокхэм. Абыхэм еджак1уэхэр псом хуэмыдэу хуагъасэ я хэкур ф1ыуэ ялъагъуным, абы и къыщхьэщыжак1уэу зэрыщытын хуейм. Щагъэгъуазэ зэман блэк1ам, нобэрей зэманым, л1эщ1ыгъуэ зэмыл1эужьыгъуэхэм. А зэманхэм ди лъэпкъым и къек1уэк1ык1ам, лъэпкъым и гъащ1эм къыщыхъуа 1уэхугъуэ зэхуэмыдэхэм, а псори литературэ урокхэм образнэу пыщ1а зэрыхъуахэм есэнымк1э.
Урыс литературэр адыгэ литературэ урокхэм сэбэпышхуэ мэхъу литературэм и теориехэр щаджынымк1э, художественнэ изобразительнэ 1эмалхэр зэгъэщ1энымк1э, художественнэ образ тхак1уэм къагъэщ1хэр зэрагъэщ1энымк1э, щапхъэ гъащ1эм къыщагъуэтынымк1э, ф1ымрэ 1еймрэ зэхагъэк1ынымк1э.
ИЗО-м пыщ1эныгъэ хуи1эхэр бзэм зегъэужьыным нэхъ къыщагъэсэбэпыпхъэщ. Сурэт щащ1к1э еджак1уэхэм 1эмал имы1эу гу зылъатэну къагъэсэбэпыну, гу зылъатэну къагъэсэбэпыну 1уэхугъуэщ лъэпкъым и дамыгъэ хьэлэмэтхэр. Абыхэм къарык1 мыхьэнэхэр нэгъуэщ1 куэдри къагуры1уэнымк1э, ар зэхащ1энымк1э сэбэпышхуэщ, а зэпыщ1эныгъэр.
Адыгэбзэ урокымрэ литературэмрэ къыгуэхып1э имы1эу зэпхащ бзэм щадж разделхэр литературэ урокым щегъэбыдыл1а щохъу. Псалъэм папщ1э лексикэ 1ыхьэр щаджк1э псалъэщ1э къыхыхьэным, жьы хъуа псалъэхэр хэк1ыным и щхьэусыгъуэр литературэми тхыдэми щагъуэтынущ.
Нэгъуэщ1 предметым адыгэ литературэр пыщ1эным мыхьэнэшхуэ и1эщ дэтхэнэ зы еджак1уэм дежк1и, сыту жып1эмэ я зэхэщ1ык1ыр нэхъ ирегъэф1ак1уэ, зи гугъу пщ1ы 1уэхугъуэр нэхъ гуры1уэгъуэ, гурыхь нэхъ ящохъу.
Ежак1уэхэм ягъуэта щ1эныгъэр къызэрапщытэ щ1ык1эхэр:
- жьэры1уатэу блэк1а темэхэр къапщытэк1эрэ;
- щхьэзакъуэ лэжьыгъэ ягъэзащ1эк1эрэ;
- тхыгъэ лэжьыгъэхэр ятхк1эрэ;
-тест лэжьыгъэхэр ягъэзащ1эк1эрэ, нэгъуэщ1эхэри.
Учебно - тематическэ план.
Сыхьэт бжыгъэр Абыхэм щыщу:
теорием
тест лэжь.
практ. лэжь.
къыз. лэжь.
Творческэ лэжьыгъэхэр
Изло-
женэ
Сочи-
ненэ
1
Хэзыгъэгъуазэ
1
1
2
Адыгэ 1уэры1уатэ
12
12
3
Адыгэ литературэ
Щоджэнц1ык1у 1.У.
2
2
Бемырзэ М.Хь.
4
2
2
Анзор М.Хь.
2
2
К1эрашэ Т.М.
3
3
Мыжей М.И.
4
2
2
Нало З.М.
3
3
К1ыщокъуэ А.П.
2
2
Хъупсырокъуэ Хъ.Хь.
3
3
Елгъэр К.М.
4
2
2
Уэрэзей А.П.
2
2
Брат Хь. М.
2
2
Шэджыхьэщ1э Хь.Т1.
2
2
Мыкъуэжь А.Хь.
3
1
2
Джэдгъэф Б.М.
2
2
Къэжэр Хь.Хь.
1
1
Мэзыхьэ Б.Б.
2
2
Къумыкъу М.Хь.
1
1
Къэрмокъуэ М.М.
2
2
Хьэх С.Хь.
2
2
Тхьэгъэзит З.М.
3
3
Мэшбащ1э И.Ш.
Бицу А.М.
2
2
4
Класс щ1эмысу зэджахэмк1э урок
4
4
Псори:
68
60
8
Еджэныгъэм нэхъыщхьэу къызэщ1иубыдэр (68)
Хэзыгьэгьуазэ (1)
Художественнэ литературэм гъащ1эм и къэхъукъащ1эхэр гьуазджэмрэ эстетикэмрэ я хабзэхэм тету образхэмк1э къызэригъэлъэгъуэжыр. Ц1ыхухэм я дуней тетык1эр, я гурыгъу-гурыщ1эхэр, 1уэхущ1афэхэр художественнэу къэгьэлъэгъуэным и1э мыхьэнэр.
Литературэр гьуазджэм и зы л1эужьыгъуэу зэрыщытыр, ц1ыхухэм я гъащ1эм абы щиубыд увып1эр.
Адыгэ 1уэры1уатэ (13)
Хэзыгьэгьуазэ. Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ я зэхэтык1эр.
«Сосрыкъуэрэ Т1от1рэшрэ я пшыналъэр» (1) л1ыгъэрэ хахуагъэк1э зэрыгъэнщ1ар.
«Ашэмэз и пшыналъэ» (2).
Ашэмэз и образыр нарт эпосым къызэрыхэщыр, абы ехьэл1ауэ къак1уэ сюжетхэр. Пшыналъэм и зэхэлъык1эр; а л1ыхъужьыр нартхэм ф1ыуэ щ1амылъагьум и щхьэусыгьуэр. Ашэмэз и образым нобэ ди зэманым къемызэгьыжу хэтлъагъуэхэр, апхуэдэу сыт хуэдэ лъэхъэнэми жьы дэмыхъуну хэлъхэр. Пшыналъэм дунейпсо 1уэры1уатэмрэ мифологиемрэ ящыщу къыщык1уэр: л1ыхъужьыр дунейм къытемыхьэ щ1ык1э, абы щышынэу, зыгъэк1уэдынухэр зэрыщы1эр; лъы игъэжэныр, лъы уасэр.
«Нарт Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар» (1)
Нартхэм я хабзэхэр, Бэдынокъуэ бгъэдэлъ л1ыгъэр. Мы хъыбарымк1э адыгэ эпосым и къуэпсыр зэрыкуур, зэрылъэщыр, нартхэр бийм ерыщу зэрыпэщ1этыфар на1уэ тщохъу.
Тхыдэр зи лъабжьэ эпос 1
Лъэпкъ уэрэдыжьхэм я гъэпсык1эр.
Гъыбзэхэмрэ уэрэдхэмрэ (1)
«Щолэхъупщ и уэрэд» (1)Уэрэдыр зытеухуар. Л1ыгьэмрэ епц1ыжыныгъэмрэ абы къызэрыщыгъэлъэгьуа ш1ык1эр.
«Шэджэмокъуэ Хьэсанш и уэрэд» (1)
Уэрэдым ехьэл1а хъыбарым къызэрыхэщымкЬ1э, ар зытеухуар. Персонажу уэрэдым хэтхэр: Хьэсанш, абы и къэшэныр, фызышэхэр. Щ1алэм и ф1ылъагъуныгъэм и къабзагъымрэ абы къылъыкъуэк1а л1ыгъэмрэ уэрэдым зэрыщыгьэлъэп1ар.
«Жансэхъухэ я нысэм и гъыбзэ» (1)
Жансэхъухэ я к1уэдыжык1э хъуауэ хъыбарым къыхэщыжыр. Зы къэхъугъэм къытек1а уэрэдым жылагъуэ гукъеуэхэр къызэщ1икъуэу къэ1уэта зэрыхъуар. Пщы зэныкъуэкъум и ц1ыхубэм къыхуихьу щыта мыгъуагъэхэр мы уэрэдым къызэрыхэщыр.
Хъуэхъухэр. (2)
Адыгэ 1уэры1уатэм хъуэхъухэр зы 1ыхьэф1у зэрыхэтыр, ахэр гъащ1эм къызэрыщык1уэ хабзэр. Хъуэхъухэр сыт щыгъуи 1уэхугъуэ гуэрым (нэхъыбэм дауэдапщэхэм) епхауэ зэрыщытыр.
Адыгэ литературэ
Щоджэнц1ык1у 1.У. (2)
Усак1уэм теухуа псалъэ.
«Дыгьэр итщ уафэгум» усэмк1э гъащ1эм и хэк1ып1эу щыт дыгьэм и нэхумрэ и хуабэмрэ к1э зэримы1эр, абы и мыхьэнэр усак1уэм къызэригъэлъагъуэр. Дунейм и къэхъукъащ1эр зыгъэ1урыщ1э ц1ыху гуащ1аф1эхэм дыгъэ бзийхэр берычэту зэратепсэр усэм пкърылъ гупсысэ нэхъыщхьэм зэрепхар.
Зэгъэпщэныгъэ 1эмалыр усэм къызэрыщыгьэсэбэпар.
«Гъащ1эм и хуабэ» усэр шахтерхэм я лэжьыгъэ мытыншым теухуауэ зэрыщытыр. Дунейм и щытык1эмрэ лэжьак1уэхэм я гуащ1эдэк1ымрэ усэм зэгьэпщауэ къызэрыщык1уэр. Ц1ыхухэм я зэф1эк1ыр, лэжьэк1эр Бгъэшхуэмрэ Дыгъэмрэ къазэрыщыхъур, абыхэм я къарур, дыгъэр зэрыиныр усэм къызэрыхэщыр.
Бемырзэ М.Хь. (2)
Тхак1уэм теухуа псалъэ.
«Уадыгэным къик1ыр» усэр лъэпкъым и къэк1уэнум тегузэвыхьу гъэпса зэрыхъуар. Адыгэр и тхыдэ дахэм хуэфащэу псэун щхьэк1э, и щ1ыхь, и напэ ихъумэжыфу, ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм яхуэпэжу дунейм тетын зэрыхуейм усак1уэм къызэрыхуриджэр. Лъэпкъ зэхэгъэжыным усак1уэр зэреплъыр. «Лъэ1у» усэр адыгэ л1акъуэхэм теухуауэ зэрыщытыр. Адыгэ лъэпкъыр 1эпкълъэпкъ пщык1ут1у, зы анэм и зэш быну зэрыщытыр усак1уэм къыдигъэщ1эну зэрыпылъыр. Адыгэхэр дуней псом зэрыщикъухьам усак1уэр зэрыригузавэр.
Адыгэхэм я къуэпсхэр мыжын, я вагьуэхэр имыжын папщ1э дызэкъуэтыну, зытхъумэжыну, дызэхуэсакъыжыну усэм дыкъызэрыхуриджэр. Лъэпкъымрэ ар здыщыпсэу и лъахэмрэ зэхуэфащэу щытмэ, ар насыпышхуэу уса1уэм къызэрилъытэр.
Анзор М.Хь. (2)
Тхак1уэм теухуа псалъэ.
«Атэлыкъым и лъэужьыр» (повестым щыщ пычыгъуэ) тхыгъэм лъэпкъ хабзэхар тегьэш1ап1э зэрыхуэхъуар. Мысострэ Исмелрэ я образхэр. Выныр игъэсэну зрат атэлыкъым адыгэхэр хуэпэжу зэрыщытам ехьэл1а гупсысэр повестым къызэрыхэщыжыр.
Повестым жы1эгъуэхэм, зэгъэпщэныгъэхэм, псалъэжьхэм шагьэзащ1э къалэнхэр, ахэр купщ1э инрэ гупсысэ лъагэк1эрэ зэрыгьэнщ1ар. Адыгэ хабзэм и мыхьэнэм ехьэл1а гупсысэр тхак1уэм къызэригьэлъэгьуэж 1эмалхэр
Л и т е р а у р э м и т е о р и е. ПовесткIэ зэджэр, абы и лIэужьыгъуэхэр
КIэрашэ Т.М. (сыхь. 3)
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
И щIалэгъуэм Къамбот игъуэта гъэсэныгъэр, IэщIэщIа щыуагъэр, ар къызэрыгурыIуэжар «ГъащIэм и дерс» рассказым къызэрыщыгъэлъэгъуар.
Хъыбарым къыхэщ гушыIэ дахэмрэ ауан щабэмрэ ягъэзащIэ мыхьэнэр. ЛIыхъужьхэм я зэхущытыкIэр тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуа зэрыхъуар.
Мыжей М.И. (сыхь. 2)
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Пщэху» (нэгъуэщI тхыгъэкIи зэпхъуэкI хъунущ) новеллэр зытеухуар, абы къиIуатэ гупсысэ нэхъыщхьэхэр. Дыгъужьхэм яхуэзэху Хьэтурэ Пщэхурэ я зэхущытыкIар. Хьэту и адэм и уэсятыр къызэрыщыхъуар. Хьэм и Iущагъымрэ и пэжагъымрэ новеллэм къызэрыщыгъэлъэгъуар, Хьэту абы къызэрыхущIэкIар.
Нало З.М. (сыхь.2)
УсакIуэм теухуа псалъэ.
«ЦIыху напэ» балладэр тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ къыхэкI сюжету зэрыщытыр. Напэмрэ цIыхугъэмрэ нэхъ лъэщ зэрыщымыIэр усакIуэм Iэзагъ хэлъу къызэригъэлъэгъуэжар.
Балладэр зытеухуамрэ абы и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ къызэIуихын папщIэ, усакIуэм къигъэсэбэпа художественнэ Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ.
Балладэм и бзэр.
Л и т е р а т ур э м и т е о р и е. Балладэм теухуауэ гурыIуэныгъэ еджакIуэхэм егъэгъуэтын; ар сюжет зиIэ усэм зэрещхьымрэ къызэрыщхьэщыкIымрэ.
КIыщокъуэ А.П. (сыхь 2.)
УсакIуэм теухуа псалъэ.
«Усэ къарукIэ бийр бгъэсу» усэр усакIуэшхуэ ЩоджэнцIыкIу Алий теухуауэ зэрыщытыр. Лъэпкъым, лъахэм ЩоджэнцIыкIу Алий хуиIэ лъагъуныгъэр Iэзагъ хэлъу усэм къызэрыщыгъэлъэгъуэжар. УсакIуэм къигъэсэбэпа художественнэ Iэмалхэр. Усэм и бзэр къыхэзыгъэщхьэхукIыу хэлъыр.
«Сабий» усэр КIыщокъуэ А.П. щитха зэманымрэ ар зытеухуамрэ. ЗауэлI лIыхъужьым бийм хуиIэ лъагъумыхъуныгъэмрэ сабийм хуиIэ щытыкIэмрэ усэм къэгъэлъэгъуа зэрыщыхъуар. Зауэм къихь гуауэр усакIуэм зэрызыхищIэр тхыгъэм къызэрыхэщыжыр
Л и т е р а т у р э м и т е о р и е. Усэм и бзэм теухуауэ еджакIуэхэм къащIахэм хэгъэхъуэн. Усэ пщалъэхэр (дактиль, амфибрахий, анапест).
Хъупсырокъуэ Хъ.Хь. (сыхь. 3)
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Имыхабзэу щыуащ» рассказым и лIыхъужь нэхъыщхьэ Биданокъуэ Жэмзар Хэку зауэшхуэм и зэманым и нэгу щIэкIахэр. Жэмзар и щыуагъэр. Граждан зауэм абы игъуса Къэралбий, иджы къуажэм къыдыхьа фашистхэм ядэщIыгъуу къэкIуэжам, зэрыхуэзэжыр. Жэмзаррэ Къалэмбийрэ я гъащIэ гъуэгухэр зэрызэтемыхуэжынур тхыгъэм къызэрыхэщыр.
Рассказым и екIуэкIыкIэм къегъэщIылIа нэгъуэщI Iуэху жьгъейхэм ягъэзащIэ къалэнхэр. Художественнэ Iэмалхэр тхыгъэм къызэрыщыгъэсэбэпар.
Л и т е р а т у р э м и т е о р и е. Тхыгъэм и композицэмрэ и сюжетымрэ.
Елгъэр К.М. (сыхь. 2)
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Псы къиуа» (нэгъуэщI тхыгъэкIи зэпхъуэкI хъунущ) рассказыр зауэм зи сабиигъуэр хиубыдахэм ятеухуауэ зэрыщытыр. Партэр шыдыгумкIэ зэзыхъуэкIауэ анэм дэIэпыкъу щIалэ нэхъыжь цIыкIу Шариф тхыгъэм къызэрыхэщыжыр. Шариф и ныбжь емылъытауэ балигъ гупсысэкIэ иIэ зэрыхъуар.
Гъунэгъу дадэ Исхьэкъ и образыр. Шарифрэ Сэлимрэ мэзым пхъашэ зэрыкIуар. Дунейм и фэзэхъуэкIымрэ цIыкIухэр зэрыгузавэмрэ тхыгъэм къэгъэлъэгъуэжа зэрыщыхъуар. И бынхэм ятегужьеикIа анэр псы къиуам къизыгъэкIа гузэвэгъуэр тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэм зэрехьэлIар.
Тхыгъэм и гъэпсыкIэр, и бзэр.
Уэрэзей А.П. (сыхь. 2)
УсакIуэм теухуа псалъэ.
«Нэгъуэщ1 насыпу сыт сыхуей?» усэр цIыхур щалъхуа щIыналъэм хуиIэ фIылъагъуныгъэм теухуауэ зэрыщытыр. Ди нэхъыжьыфIхэм щIэину къытхуагъэна адэжь губгъуэр, псыхъуэр, лъахэр тхъумэн, абы и щIыхьыр дымыгъэпудын зэрыхуейм усакIуэм дыкъызэрыхуриджэр.
«Пщэдджыжь» усэм щIэлъ философие гупсысэ куур. ЦIыхум махуэ къэс илъагъу, зэхих гъащIэ къэхъугъуэхэм мардэ зэрамыIэр усэм къызэрыхэщыжыр.
ЦIыхумрэ ар къэзухъурейхь дунеймрэ зэхуэфащэу, щIэщыгъуэу къызэрызэдекIуэкIын хуейм усакIуэм къызэрыхуриджэр.
Уэрэзей А.П. и усэхэм я ухуэкIэмрэ я бзэмрэ. Усэхэм къыщыгъэсэбэпа художественнэ Iэмалхэм ягъэзащIэ къалэнхэр.
Брат Хь.М. (сыхь. 2) 3
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Лъэпкъым и къуэпсхэр» повестым щыщ пычыгъуэм Мадинэ цIыкIу анэнэпIэсым и гущIыIагъэр зэрызыхищIэр къызэрыщыгъэлъэгъуар. Ахъмэтыкъуэ Жамбот и унагъуэм Хэку зауэшхуэм къридза удыныр. Ахъмэтыкъуэхэ нысэ яхуэхъуа Мадинэ зыхэс лъэпкъым и къуэпсыр химыгъэкIуэдэжын щхьэкIэ, Ленинград къраша сабийр къуэ зэрищIыр. Тхыгъэм лъэпкъым и къуэпсыр, хабзэр, гъэсэныгъэр унагъуэм иIэн хуей хугъуэфIыгъуэ нэхъ ин дыдэу къызэригъэлъэгъуэр, гупсысэ нэхъыщхьэр абы зэрепхар.
Повестым и бзэмрэ и ухуэкIэ-зэхэлъыкIэмрэ
ШэджыхьэщIэ Хь.ТI. (сыхь. 2)
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Къуэрылъху» (нэгъуэщI тхыгъэкIи зэпхъуэкI хъунущ) рассказым адэ-анэм и пащхьэ быным щахь жэуаплыныгъэр къызэрыщыгъэлъэгъуар. Сыт хуэдэ гугъуехьми къимыгъэхыщIэу, зи гумрэ зи псэмрэ быным езыта анэм абыхэм я деж щигъуэтыжа гущIэгъумрэ пщIэмрэ тхакIуэр зэрытетхыхь щIыкIэр. Адэ-анэм я пащхьэм щихь къалэныр зымыгъэзащIэм езым пщIэ зэрыхуэмыфащэр рассказым щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр.
Рассказым и ухуэкIэмрэ и бзэмрэ
Мыкъуэжь А.Хь. (1 сыхь.) 2
УсакIуэм теухуа псалъэ.
«Псалъэ жагъуэ» (нэгъуэщI усэкIи е мы темэм теухуауэ нэгъуэщI усакIуэм и тхыгъэкIи зэпхъуэкI хъунущ) усэм анэм гумащIэу дыхущытыну дыкъызэрыхуриджэр. Быныр анэм щепсалъэм щыгъуэ, емыгупсысу псалъэ гуауэ къыжьэдэкIам зэрыхущIегъуэжар усэм лъабжьэ зэрыхуэхъуар.
Анэм и нэпс зэи псалъэ жагъуэм къыщIимыгъэкIын папщIэ, ди дуней тетыкIэм, хьэл-щэным, псэлъэкIэм дыкIэлъыплъыжын зэрыхуейр усэм къызэрыхэщыжыр.
Псалъэ жагъуэр «тэмакъым тена къупщхьэу» усакIуэм къызэригъэлъагъуэр тхыгъэм щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр.
Джэдгъэф Б.М. (сыхь. 2) 3
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Къандыгъэ и бжьыхьитI» (нэгъуэщI тхыгъэкIи зэпхъуэкI хъунущ) рассказыр зытеухуамрэ и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ. Анэм и гугъуехьыр, и пщIэнтIэпсыр бын пэжхэм зэрамыгъэкIуэдыр; Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэ гугъумрэ мамыр гъащIэмрэ тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуэжар. ГуащIэдэкI хьэлэлым цIыхум къахуихь насыпыр, абы анэм гушхуэныгъэу къритыр. Дунейм и къэхъукъащIэхэмрэ рассказым дызыщрихьэлIэ цIыхухэм я гурыгъу-гурыщIэхэмрэ зэрызэпэджэж щIыкIэр.
Тхыгъэм иIэ гъэсэныгъэ мыхьэнэр.
Къэжэр Хь.Хь. (сыхь. 1)
УсакIуэм теухуа псалъэ.
ЦIыхухэм я жьэм сыт щыгъуи нэхъыбэрэ псалъэ гуапэ, дахэ, къабзэ къыжьэдэкIын зэрыхуейм «Псалъэ зеиншэхэр» балладэм дыкъызэрыхуриджэр. Псэлъэн ипэ къихуэу, жиIэм куууэ дэтхэнэри егупсысын зэрыхуейр балладэм лъабжьэ зэрыхуэхъур. ЦIыхум и гъащIэм «Дахэ», «ЩIасэ», «ГуакIуэ» псалъэхэм щагъэзащIэ къалэнымрэ яIэ мыхьэнэмрэ. Зи жагъуэ ящIа псалъэ гуапэхэм загъэгусэу ахэр къалэм зэрыдэкIар усакIуэм къызэригъэлъэгъуэр.
Псалъэ гуапэхэр ди гъащIэм хэкIуэдыкIмэ, ди псэукIэр зэрекIэкIуэнум усакIуэм дызэрыригъэгупсысыр, езы усакIуэр абы зэрытегузэвыхьыр.
IуэрыIуатэм къыхэха сюжетым тету балладэр зэрытхар. УсакIуэм къигъэсэбэпа художественнэ Iэмалхэр.
Мэзыхьэ Б.Б. (сыхь. 2)
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Дыгъэр зэрыункIыфIар» (нэгъуэщI новеллэкIи зэпхъуэкI хъунущ) новеллэр зауэ нэужь зэман шэджэладжэм зи сабиигъуэр хиубыдахэм теухуауэ зэрыщытыр. ЩIалэ цIыкIум и унагъуэмрэ и благъэ-Iыхьлыхэмрэ я Iуэху зыIутыр новеллэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. Дин Iуэхум тхакIуэр зэреплъыр Юрэ и гупсысэхэмкIэ къызэриIуатэр. Хьэблэ лIыжь ТIатIым сабийр зэрыщыгугъамрэ ар къызэрыхущIэкIыжамрэ.
Л и т е р а т у р э м и т е о р и е. Новеллэм теухуауэ гурыIуэныгъэ. Ар рассказым е очеркым къызэрыщхьэщыкIыр.
ХамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа тхакIуэхэр
Къумыкъу М.Хь. (1 сыхь.)
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Сабийхэр щым щыхъум» рассказым къиIуэтэж Iуэхугъуэр къыщыхъуа зэманымрэ щIыпIэмрэ. Мылъкур напэм и япэ щища жылагъуэм и псэукIэр, хэхэс адыгэхэм я нэгу щIэкI гугъуехьхэр сабийхэми зэрызыхащIэр рассказым лъабжьэ зэрыхуэхъуар.
Зы классым щызэдеджэхэм - хуэщIа унагъуэм къыхэкIа Лейлэрэ абы къыбгъэдэс хъыджэбз фагъуэ цIыкIумрэ - я ябразхэмкIэ захуагъэ здэщымыIэ жылагъуэм и зэхэтыкIэр тхакIуэм къызэригъэлъагъуэр. ЕгъэджакIуэмрэ абы иригъэджэхэмрэ я зэхущытыкIэхэр рассказым къызэрыхэщыр.
Рассказым и ухуэкIэмрэ и бзэмрэ.
Къэрмокъуэ М.М. (сыхь. 2)
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«ЩIакхъуэ Iыхьэ» тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуэжа зэманымрэ Iуэхугъуэмрэ. ЦIыхум шхыным, гъавэм пщIэ хуищIын зэрыхуейм рассказым и гупсысэ нэхъыщхьэр епхауэ зэрыщытыр. Зауэ заманым зи сабийгъуэр хиубыдауэ щытахэмрэ иджырей щIэблэмрэ ерыскъым пщIэ хуащIыр зэхуэмыдэ зэрыхъуар хьэблэ лIыжь Жамбот и нэкIэ дызэригъэлъагъур.
Шхыным, гъавэм нэмыщIи Жамбот зыгъэгузавэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри рассказым къызэрыхэщыжыр. Колхозым дэIэпыкъуну къуажэм къаша щIалэгъуалэм я дуней тетыкIэр тхыгъэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм ехьэлIа зэрыхъур.
ТхакIуэм и тхыгъэм щIагъыбзэр къызэрыщигъэсэбэпар.
Хьэх С.Хь. ( сыхь.2)
УсакIуэм теухуа псалъэ.
«Къурш псынэ» усэм псынэм и къарум, и лъэкIыныгъэм, гъащIэм щиIэ мыхьэнэм дызэригъэгупсысыр. Усэм щIэлъ щIагъыбзэр, философие гупсысэр.
ЩIыуэпсым и къэхъугъэ дэтхэнэми къалэн хэха иIэу зэрыщытыр усэм къызэрыхэщыжыр. Къурш псынэм и гугъу ищIкIэрэ, цIыхухэм ягухэр итхьэщIыкIауэ щытын зэрыхуейм усэм дызэрыхуриджэр.
Тхьэгъэзит З.М. (сыхь. 3)
УсакIуэм теухуа псалъэ.
ЦIыхур гъатхэм зэрыхуэзэшар, ар зэрызыхищIэр «Гъатхэ» (нэгъуэщI усэхэри дыщIыбгъу хъунущ) усэм къэгъэлъэгъуэжа зэрыщыхъуар. Лирикэ лIыхъужьым мы Iуэхум и нэр къызэрыхуикIым, апхуэдэ щытыкIэ ар изыгъэува гъатхэм и къарур щIэзыIэтэр тхыгъэм къызэрыхэщыр. Iуэхуншэныр лэжьыгъэм зэи зэремызэгъынур ущиеу усэм къызэрыпкърыкIыр.
«ЩIыр мэлажьэ» усэм цIыхухэмрэ ар зытепсэукI щIылъэмрэ зэхуэдэу здагъэзащIэ гъащIэ къалэнхэм теухуауэ зэрыщытыр. Гъатхэ губгъуэм и теплъэр, гъатхэр къэкIуэну гъавэм щIэдзапIэ зэрыхуэхъур усэм къызэрыхэщыжыр. ЩIым хащIа жылэр гъэбэтауэ цIыху жумартхэм къазэритыжыр усэм и гупсысэ нэхъыщхьэу къызэрыувыр. Бзухэм япэ тэджу губгъуэм ихьэ лэжьакIуэжьым и теплъэр усэм къызэрыхэщыжыр.
Адыгэ пшынэр лирикэ лIыхъужьым и псэм зэрыхэлъыр, абы и макъыр зэхимыхыжмэ, лъэпкъыр кIуэдыну зэрыфIэщIыр «Адыгэ пшынэ» усэм къызэрыхэщыжыр. Лъэпкъым и гъащIэм адыгэ пшынэм, къафэм щиубыд увыпIэр, ар усакIуэм зрилъыт, зригъэщхь Iуэхугъуэхэр. Пшынэ макъамэм и IукIэр щIылъэми уафэми яку зэи дэмыкIыну усакIуэр зэрыхуейр.
МашбащIэ И.Ш. (сыхь. 2)
УсакIуэм теухуа псалъэ.
«НасыпыфIэу хэт къэплъытэр?» усэр зытеухуар, абы дыкъызыхуриджэр. Усэр зытхам зыхуигъэувыжа а упщIэм и жэуапыр зэпкърыха зэрыхъуар. ЦIыхум имызакъуэу, дыкъэзухъуреихь дунейми зызыхъуэж и теплъэхэмкIэ насыпым и плъыфэр усакIуэм къызэригъэлъагъуэр.
Усэм щIэлъ ущиемрэ абы и мыхьэнэмрэ.
«Адыгэ цей» усэм къыщыIэта гупсысэ нэхъыщхьэр. Фащэр адыгэ гъащIэм и фэеплъу зэрыщытыр. Лъэпкъым и тхыдэр цейм и образымкIэ къэгъэлъэгъуэжа зэрыхъуар. Адыгэ цейр кавказ лъэпкъ псоми фащэ зэрахуэхъуам усакIуэр зэрыригушхуэр.
Усэм и гъэпсыкIэм иIэ щхьэхуэныгъэр. Усэм и япэ етIуанэ едзыгъуэхэм къызэрытригъэзэжыр, а IэмалымкIэ усакIуэм и мурадыр.
Гъэ псом яджар къегъэпщытэжын (сыхь.2)
Классщ1ыб къеджэныгъэ – сыхь.4
7- нэ классым адыгэ литературэмк1э и календарно – тематическэ план
Сыхь. бж.
Урок л1эужь.
Ящ1эн хуейр
Яхузэф1эк1ын хуейр
Къызэр. формэхэр
УУД
Унэ лэжьыгъэ
Щек1уэ
к1ыну зэм
Щек1уэк1ар
-
Хэзыгъэгъуазэ
1
Урок-лекцэ
Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ я зэхэтык1эр.
Яджа хъыбархэм к1эщ1у тепсэлъыхьын.
Упщ1э-жэуап
Л: еджэныгъэм тэмэму хущытын, и къэухьым зегъэужьыным иужь итын, щ1эуэ зыгуэр къищ1эну хуеин, и1э щ1эныгъэм хигъэхъуэн
Р: езым план егъэув ик1и абы тету мэлажьэ .
П: мура-
дыр къыгуро1уэ, къоджэ, йода1уэ, зыхуеинухэр къыгуро1уэ, езыр-езыру зыхуеинухэр-тхылъым, тетрадым кърех.
К: упщ1эхэр итыфын, адрейхэм едэ1уэн, упщ1эхэм жэуап иритыфын; езым и еплъык1э и1эжын ,
Упщ1эхэм жэуап етын
-
Адыгэ 1уэры1уатэ. "Сосрыкъуэрэ Т1от1рэшрэ я пшыналъээ"
1
Комбин. урок
Пшыналъэр зытеухуар.
Пшыналъэм и купщ1эр къыжы1эн, Сосрыкъуэрэ Т1от1рэшрэ я образым тепсэлъыхьын..
Л1ыхъужьхэм характеристикэ етын
Л : и лъэпкъым и быну зэрыщытыр зыхещ1э, адрей лъэпкъхэми пщ1э яхуещ1.
Р: езым план егъэув ик1и абы тету мэлажьэ .
П: мура-
дыр къыгуро1уэ, къоджэ, йода1уэ, зыхуеинухэр къыгуро1уэ, езыр-езыру зыхуеинухэр-тхылъым, тетрадым кърех.
К: упщ1эхэр итыфын, адрейхэм едэ1уэн, упщ1эхэм жэуап иритыфын; езым и еплъык1э и1эжын
Еджэн, упщ1эхэм жэуап етын
-
"Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар" хъыбарыр.
1
Комбинир. урок
Бэдынокъуэ и зэф1эк1ыр, зыхуэдэ л1ыхъужьыр.
пшыналъэхэр зэрызэтехуэмрэ зэрызэщхьэщык1ымрэ къыжы1эн
Тест лэжьыгъэ
Л : и лъэпкъым и быну зэрыщытыр зыхещ1э, адрей лъэпкъхэми пщ1э яхуещ1.
Р: езым план егъэув ик1и абы тету мэлажьэ .
П: мура-
дыр къыгуро1уэ, къоджэ, йода1уэ, зыхуеинухэр къыгуро1уэ, езыр-езыру зыхуеинухэр-тхылъым, тетрадым кърех.
К: упщ1эхэр итыфын, адрейхэм едэ1уэн, упщ1эхэм жэуап иритыфын; езым и еплъык1э и1эжын
Нап.13-26 еджэн,упщ1эхэр хэпкърыхын
-
"Ашэмэз и пшыналъэ". Ашэмэз и образыр. Лит. и теорие. Егъэлеиныгъэр (гиперболэр), гъэц1ык1уныгъэр (литотэр).
1
Комб. урок
Ашэмэз и образыр. Гиперболэр, литотэр зищ1ысыр.
Ашэмэзрэ Батрэзрэ я образхэр зэгъэпщэн, хъыбархэм гиперболэр, литотэр къыхэгъуэтэн.
Зэзыгъапщэ характеристикэ
Япэ сатыр30-р гук1э зэгъэщ1эн
-
Тхыдэр зи лъабжьэ эпос. "Щолэхъупщ и уэрэд".
1
Комб. урок
Уэрэдым тхыдэр и лъабжьэу зэрыщытыр. Ар зытеухуар.
Балладэм и нэщэнэу уэрэдым хэлъыр къэгъуэтын.
Упщ1эхэм жэуап убгъуауэ етын
Л : хэкупсэу зэрыщытыныр зыхещ1э, адрей лъэпкъхэми пщ1э яхуещ1.
Р: егъэув мурадыр, ар гъэзэщ1а зэрыхъуным хущ1окъу.
П: урокым и мурадыр игъэзэщ1эн папщ1э зэрегъапщэ
зрелъыт, зэхегъэк1, 1уэхугъуэ щхьэхуэхэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар къехутэ ик1и вывод ещ1ыж, хъыбарым къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэр гуры1уэгъуэ зыщещ1.
К: упщ1эхэр ет, адрейхэм йода1уэ, хъыбарым гурыхь щыхъуа щымыхъуахэр хуиту къе1уэтэф; езым и еплъык1э и1эжщ
Нап.36-37 еджэн, упщ1эхэр
-
"Шэджэмокъуэ Хьэсанш и уэрэд". Лит. и теорие. Ц1ыхубэ уэрэдхэр, абыхэм я л1эужьыгъуэхэр.
1
Комб. урок
Тхыгъэр зытеухуар. Ц1ыхубэ уэрэдхэм и л1эужьыгъуэхэр
Сыт хуэдэ 1уэхугъуэ уэрэдым щыгъэлъэп1ами къыжы1эн, едж. а 1уэхугъуэм я хущытык1эр
Гъэхуауэ къеджэн, упщ1эхэр зэпкърыхын
Л: Андемыркъан ф1ыуэ хэлъым к1элъыплъын
Р: егъэув мурадыр, ар гъэзэщ1а зэрыхъуным хущ1окъу.
П: урокым и мурадыр игъэзэщ1эн папщ1э зэрегъапщэ
зрелъыт, зэхегъэк1, 1уэхугъуэ щхьэхуэхэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар къехутэ ик1и вывод ещ1ыж, хъыбарым къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэр гуры1уэгъуэ зыщещ1.
К: упщ1эхэр ет, адрейхэм йода1уэ, хъыбарым гурыхь щыхъуа щымыхъуахэр хуиту къе1уэтэф; езым и еплъык1э и1эжщ
Нап.40-41, упщ1эхэм жэуап етын
-
"Жансэхъухэ я нысэм и гъыбзэ"
1
Комб. урок
Жэнсэхъухэ я к1уэдыжык1э хъуауэ хъыбарым къыхэщыр.
Пщы зэныкъуэкъум ц1ыхубэм къыхуихьу щыта мыгъуагъэхэр уэрэдым къызэрыхэщыр къыжы1эн.
Упщ1э-жэуап
Нап.42-44
Еджэн, упщ1эхэр
-
Хъуэхъухэр.
1
Комб. урок
Хъуэхъухэр 1уэры1уатэм и 1ыхьэу зэрыщытыр, ахэр гъащ1эм къызэрыщык1уэ хабзэр
Хъуэхъухэм я гъэпсык1эк1э зэрызэщхьэщык1ыр къыжы1эн
Л: адэ-анэм зэрыхущытынум нэхъ куууэ йогупсыс.
Р: егъэув мурадыр, ар гъэзэщ1а зэрыхъуным хущ1окъу.
П: урокым и мурадыр игъэзэщ1эн папщ1э зэрегъапщэ
зрелъыт, зэхегъэк1, 1уэхугъуэ щхьэхуэхэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар къехутэ ик1и вывод ещ1ыж, хъыбарым къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэр гуры1уэгъуэ зыщещ1.
К: упщ1эхэр ет, адрейхэм йода1уэ, хъыбарым гурыхь щыхъуа щымыхъуахэр хуиту къе1уэтэф; езым и еплъык1э и1эжщ
Нап.45-50
Упщ1эхэр зэпкърыхын
-
Классщ1ыб къеджэныгъэ
"Лъэпщрэ Уэрсэрыжьрэ" хъыбарыжьыр.
1
Класс щ1ыб еджэныгъэ
Хъыбарыр зытеухуар, нартхэм яхэлъа 1ущыгъэр.
Хъыбарым тепсэлъыхьын, къыхэщыж л1ыхъужьхэр зыхуэдэр убзыхун
Л: пэжыр къыхигъэбелджылы к1ыфу, и гупсысэр абы хуиунэт1ыфу егъэсэн.
Р: егъэув мурадыр, ар гъэзэщ1а зэрыхъуным хущ1окъу.
П: урокым и мурадыр игъэзэщ1эн папщ1э зэрегъапщэ
зрелъыт, зэхегъэк1, 1уэхугъуэ щхьэхуэхэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар къехутэ ик1и вывод ещ1ыж, хъыбарым къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэр гуры1уэгъуэ зыщещ1.
К: упщ1эхэр ет, адрейхэм йода1уэ, хъыбарым гурыхь щыхъуа щымыхъуахэр хуиту къе1уэтэф; езым и еплъык1э и1эжщ
Еджэн. Ролк1э къеджэным хуэгъэхьэзырын
-
Щоджэнц1ык1у 1.У. "Анэдэлъхубзэ" усэм пкърылъ гупсысэр.
1
Темэщ1э щадж урок
Усак1уэм теухуауэ. усэм пкърылъ гупсысэ нэхъыщхьэр.
Усэм гъэхуауэ къеджэн, гупсысэ нэхъыщхьэр къэ1уэтэн, къыщыгъэсэбэпа худ. 1эмалхэр къэхутэн
Усэр зэрызэпкърах планым тету зэпкърыхын
Нап.53 гъэхуауэ къеджэн, упщ1эхэм жэуап етын
-
Щоджэнц1ык1у 1. "Псынэ" усэр
1
Урок -практикум
Усэм и пщалъэхэр, ритм, рифмэр. Усэр зытеухуар.
Гъэхуауэ еджэнымк1э я1э есэныгъэр егъэф1эк1уэн, усэр зэпкърыхын
Упщ1эхэм жэуап етын, тест лэжьыгъэр гъэзэщ1эн
Усэм гъэхуауэ къеджэн, зэпкърыхын
-
Бемырзэ М.Хь. "Уадыгэным къик1ыр"
1
Темэщ1э щадж урок
Тхак1уэм теухуа псалъэ. Усэр лъэпкъым и къэк1уэнум тегузэвыхьу гъэпса зэрыхъуар..
Усэм щ1элъ гупсысэр убзыхун, авторым и псалъэ шэрыуэхэр нэхъыбэу зыхуэгъэзар къыжы1эн.
Гъэхуауэ ролк1э къеджэныгъэ Гъэхуауэ, усэм и мыхьэнэр зыхащ1эу къегъэджэн
Усэм щыщ пычыгъуэ гук1э зэгъэщ1эн
-
"Лъэ1у" усэр
1
Комб. урок
Усак1уэм къигъэсэбэпа художественнэ 1эмалхэмрэ хэк1ып1эхэмрэ убзыхун
Упщ1э-жэуап
Сатыр 32 гук1э зэгъэщ1эн
14
Сочиненэ тхыным хуэгъэхьэзырын
1
15
Сочиненэ тхын
1
16
Анзор М.Хь. "Атэлыкъым и лъэужьыр" тхыгъэр
1
Темэщ1эр щадж урок
Тхак1уэм теухуа псалъэ. Тхыгъэр зытеухуар, гупсысэ щ1элъыр.
Тхыгъэм лъэпкъ хабзэхэр тегъэщ1ап1э зэрыхъур къэгъэлъэгъуэн
Тхыгъэр зытеухуар к1эщ1у къэ1уэтэн
Нап.61-90 къеджэн, зытеухуар, къи1уатэ гупсысэр убзыхун.
17
Анзор М.Хь. "Атэлыкъым и лъэужьыр" тхыгъэм къыхэщ образхэр
1
Комб. урок
Тхыгъэм къыхэщыж образхэр. Повестк1э зэджэр, абы и л1эужьыгъуэхэр.
Атэлыкъыр зищ1ысыр , абы сабийр гъэсэнымк1э мыхь. и1ар къыжы1эн.
Упщ1э- жэуап
Лит. и теориер конспект, образхэр зэпкърыхын
18
К1эрашэ Т.М. "Гъащ1эм и дерс" рассказыр
1
Темэщ1эр щадж урок
Тхак1уэм теухуа псалъэ. Рассказыр зытепсэлъыхьыр, къыщы1эта 1уэхугъуэр
Рассказым къи1уатэр к1эщ1у къыжы1эн
Жьэры1уатэу къэ1уэтэныгъэ
Тхыгъэм зыщыгъэгъуэзэн, упщ1эхэм жэуап етын
19
К1эрашэ Т.М. "Гъащ1эм и дерс" рассказыр
1
Комб. урок
Тхыгъэм къыхэщыж образхэр
Тхыгъэм къыхэщыж образхэр зыхуэдэр убзыхун
Упщ1э-жэуап
Образхэр зэпкърыхын, упщ1эхэм жэуап етын
20
К1эрашэ Т.М. "Гъащ1эм и дерс" рассказым адыгэ хабзэр къызэрыхэщыр
21
Хъыбарым къыхэщ гушы1э дахэмрэ ауан щабэмрэ ягъэзащ1э мыхьэнэр.
1
Комб. урок
Рассказым и ухуэк1эр, и бзэр. ауанымрэ гушы1эмрэ, абыхэм худ. лит. щагъэзащ1э къалэнхэр.
Хъыбарым къыхэщ гушы1э дахэм къик1ыр убзыхун, рассказым и ухуэк1эр зэпкърыхын
Тест лэжьыгъэ
Лит. и теориер конспект, рассказым и ухуэк1эр, упщ1эхэр
Кл. щ1ыб едж. зыхуэгъэхьэз..
22
К1ыщокъуэ А. ""Къуршхэр мамырщ" усэр.
Классщ1ыб къеджэныгъэ
1
Класс щ1ыб едж.
Тхыгъэр зытеухуар, къыщы1эта 1уэхугъуэр
Гъэхуауэ къеджэныр, зэпкърыхыныр
Гъэхуауэ къеджэн
*Мыжей М. и тв. теухуа сообщенэ
23
Мыжей М.И. "Пщэху" новеллэр
1
Темэщ1эр щадж урок
Тхак1уэм теухуауэ. Новеллэр зытеухуар, къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэр.
Тхыгъэм къэк1эщ1ауэ тепсэлъыхьын, упщ1эхэм я жэуапхэр убзыхун
Упщ1э-жэуап
Л: эстетикэ 1уэхук1э гуры1уэныгъэф1хэр, гъащ1эм, дунейм я дахэмрэ я 1еймрэ, я хъуэпсап1эмрэ я гущык1ыгъуэмрэ зэхагъэк1ыфу зыхащ1эу. 1ейм зыщахъумэфу есэныр
Р: егъэув мурадыр, ар гъэзэщ1а зэрыхъуным хущ1окъу.
П: урокым и мурадыр игъэзэщ1эн папщ1э зэрегъапщэ
зрелъыт, зэхегъэк1, 1уэхугъуэ щхьэхуэхэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар къехутэ ик1и вывод ещ1ыж, хъыбарым къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэр гуры1уэгъуэ зыщещ1.
К: упщ1эхэр ет, адрейхэм йода1уэ, хъыбарым гурыхь щыхъуа щымыхъуахэр хуиту къе1уэтэф; езым и еплъык1э и1эжщ
Сатыр 20 хъу пычыгъуэ гук1э зэгъэщ1эн
24
Хьэтурэ Пщэхурэ я зэхущытык1эр.
1
Комб. урок
Тхыгъэм къыхэщыж образхэр.
Хьэтурэ Пщэхурэ я зэхущытык1эр къэгъэлъэгъуэн, едж. я 1уэхуеплъык1эр къэгъэнэхуэн
Тест лэжьыгъэ
Ик1эм нэс еджэн, упщ1. жэуап етын
25
Сочиненэ тхыным хуэгъэхьэзырын
1
Б/З урок
Сочиненэм елэжьын
Унэм щелэжьын
26
Сочиненэ тхын
1
Б/З урок
сочиненэм хэлэжьыхьыжын
Сочиненэ
тхын
*Нало З. и тв. теухуауэ сообщенэ
27
Нало З.М. "Ц1ыху напэ" балладэр.
1
Комб. урок
. Ц1ыхугъэмрэ напэмрэ и1э мыхьэнэм и лъэщагъыр тхыгъэм къызэрыхэщыр
Тхыгъэр зытеухуамрэ абы и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ убзыхун
Гъэхуауэ ролк1э къеджэныгъэ
Усэм щыщ пычыгъуэ гук1э зэгъэщ1эн
28
Нало З.М. "Ц1ыху напэ" балладэр.
1
Урок-практикум
Усэр зытеухуауэ тхар, гупсысэ щ1элъыр.
Гъэхуауэ еджэныр, гупсысэ куур убзыхуныр
Упщ1э-жэуап
Тхыгъэм хуа1э щытык1эм тепсэлъ.
29
К1ыщокъуэ А.П. "Усэ къарук1э бийр бгъэсу" усэр
1
Темэщ1эр щадж урок, ИКТ къыщыгъэсэб.
Усак1уэм теухуа псалъэ. Усэр зыхуитхар, къигъэсэбэпа худож. 1эмалхэр
Усэм гъэхуауэ къеджэныр. худ. 1эмалхэр къэгъэлъэгъуэн.
Усэм гъэхуауэ къеджэн
Пычыгъуэ гук1э зэгъэщ1эн
30
К1ыщокъуэ А.П "Сабий" усэр
1
Урок-практикум
Усэр щитха зэманымрэ зытеухуамрэ.
Усэ пщалъэхэр
Зауэл1 л1ыхъужьым бийм хуи1э лъагъумыхъуныгъэр усэм къызэрыхэщыр къэгъэлъэгъуэн
Усэр зэрытха пщалъэхэр убзыхун
Гъэхуауэ еджэн, упщ1эхэр зэпкър.
31
Хъупсырокъуэ Хь.Хь. "Имыхабзэу щыуащ" рассказыр зытеухуар.
1
Темэщ1эр щадж урок
Рассказыр Жэмзар и образыр зэпкърыхын, тхыгъэм къыщы1эта 1уэхугъуэр щек1уэк1 зэманыр убзыхун зытеухуар, къыхэщыж л1ыхъужьхэр.
Усэм гъэхуауэ къеджэн, гупсысэ нэхъыщхьэр къэ1уэтэн, къыщыгъэсэбэпа худ. 1эмалхэр къэхутэн
Упщ1э-жэуап Усэр зэрызэпкърах планным тету зэпкърыхын
Еджэн, рассказым тепсэлъыхьыжын
32
Хъупсырокъуэ Хь.Хь. "Имыхабзэу щыуащ Жэмзаррэ Къэралбийрэ я гъащ1эр тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. Тхыгъэм и композицэмрэ и сюжетымрэ.
1
Комб. урок
Тхыгъэм къыщыхэщ образхэр. Композицэ, сюжет хъужыр.
Образхэр зэгъэпщэныр, художественнэ 1эмал къэгъэсэбэпахэр къыжы1эн
Упщ1эхэм жэуап етын, тест лэжьыгъэр гъэзэщ1эн
Рассказым хэт образхэр зэпкърыхын
33
Елгъэр К.М. "Псы къиуа"
1
Комб. урок
Тхак1уэм теухуа псалъэ. Тхыгъэм къыщы1уэта 1уэхугъуэр, гупсысэ щ1элъыр.
Рассказым к1эщ1у тепсэлъыхьын, купщ1эр къазэрыгуры1уэр къэгъэлъэгъуэн
Упщ1э-жэуап
Еджэн, упщ1эхэм жэуап етын Кл. щ1ыб лэжь. зыхуэгъэхьэз.
34
Классщ1ыб къеджэныгъэ К1уащ Б. "Мамырыгъэм и тхьэрыкъуэ", "Ф1ымрэ 1еймрэ" усэхэр.
1
Класс щ1ыб едж.
К1уащ Бет1ал и усыгъэм и тематикэр
Усэхэм я темэр, гупсысэ нэхъыщхьэр къыжы1эн
К1уащ ым и творчествэм теухуа упщ1эхэр
Бемырзэ М. теухуа сообщенэ
35
Уэрэзей А.П. "Адэжь лъахэ" усэм щ1элъ гупсысэр.
1
Комб. урок
Тхак1уэм теухуауэ. Усэм пкърылъ гупсысэр.
И тхыгъэмк1э усак1уэм дыкъызыхуриджэр къэ1уэтэн, гъэхуауэ къеджэн
Усэр зэрытха пщалъэр, къэгъэсэбэпа худ. 1эмалхэр къэхутэн
Гъэхуауэ еджэн, упщ1эхэр зэпкърыхын
36
"Пщэдджыжь" усэм щ1элъ философие гупсысэ куур.
1
Комб. урок
Усэм щ1элъ философие гупсысэ куур. Лирикэ усэм и нэщэнэхэр
Усак1уэм дыкъэзыухъуреихь дунейм теухуауэ игупсысэр къэ1уэтэн; лирикэ усэхэм и нэщэнэхэр къыжы1эн
Литературэм и теориер зэпкърыхын
Усэр гук1э зэгъэщ1эн
37
Брат Хь.М. "Лъэпкъым и къуэпсхэр"повестыр
1
Темэщ1эр щадж урок
Тхак1уэм теухуауэ. Повестым щыщ пычыгъуэм къыщыгъэлъэгъуар, зытепсэлъыхьыр.
Тхыгъэр зытеухуар к1эщ1у къыжы1эн, гупсысэ нэхъыщхьэр убзыхун
Упщ1эхэм жэуап етын
Пычыгъуэр зытеухуар убзыхун,
38
Брат Хь.М. "Лъэпкъым и къуэпсхэр"повестым къыхэщыж образхэр.
1
Комб. урок
Пычыгъуэ къыхэщыж образхэр. повестк1э зэджэр.
Тхыгъэм къыхэщ образхэр зэпкърыхын; повестк1э зэджэр убзыхун
Карточкэхэмк1э, тестхэмк1э гъэлэжьэн
Тхыгъэм нэхъ куууэ зыщыгъэгъуэзэн, образхэр
39
Шэджыхьэщ1э Хь.Т1. "Къуэрылъху" рассказыр зытеухуар.
1
Темэщ1эр щадж урок
Тхак1уэм теухуауэ. Рассказыр, зытеухуар, гъэсэныгъэ-ущииныгъэ къыхэщыр.
Тхыгъэр к1эщ1у къэ1уэтэжын, рассказым и купщ1эр къэ1уэтэн
План хуэгъэувын
Рассказым и темэр, идеер, тепсэлъыхьын
40
Шэджыхьэщ1э Хь.Т1. "Къуэрылъху" рассказыр зэпкърыхын
1
Комб. урок
Рассказым и ухуэк1эмрэ и бзэмрэ.
Быным адэ-анэм деж щихь къалэныр убзыхун
Планым тету тепсэлъыхьын
Упщ1эхэм жэуап етын
41
Мыкъуэжь А.Хь. "Псалъэ жагъуэ" усэр.
1
Комб. урок, ИКТ къыщыгъэсэб.
Усак1уэм теухуауэ. усэм и гупсысэ нэхъыщхьэр.
Анэм хуи1эн хуей лъагъуныгъэр усэм къызэрыщ.
Упщ1э-жэуап
Усэр гук1э зэгъэщ1эн
42
"Адэ-анэм хуэпщ1 нэмысырщ уи бынми къыпхуищ1ыжынур" сочиненэм хуэгъэхьэзырын
1
Б/З урок
Адэ-анэм я хьэкъыр
Дэтхэнэми я 1уэхуеплъык1эр къегъэгъэлъэгъуэн
Жьэры1уатэу гъэ1уэтэныгъэ
Класс щ1ыб еджэныгъэм зыхуэгъэхьэзырын
43
"Адэ-анэм хуэпщ1 нэмысырщ уи бынми къыпхуищ1ыжынур" сочиненэ тхын
44
К1эщт М.Хъу. "Си 1уэху хэмылъуи"
Классщ1ыб къеджэныгъэ
1
Класс щ1ыб еджэн. ИКТ къыщыгъэсэб.
Тхыгъэр зытеухуар, къи1уатэ гупсысэр.
Тхыгъэм и купщ1эр къэ1уэтэн. Усак1уэм теухуауэ я1э щ1эныгъэм хэгъэхъуэн
Упщ1э-жэуап
Брат Хь. теухуауэ сообщенэ
45
Джэдгъэф Б.М. "Къандыгъэ и бжьыхьит1" рассказыр
1
Темэщ1эр щадж урок
Тхак1уэм теухуа псалъэ. рассказыр зытеухуамрэ къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ.
Рассказыр зытеухуар к1эщ1у къыжы1эн; анэм хуэпэжыныр быным и къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр къэ1уэтэн
Упщ1э-жэуап
Еджэн, упщ1эхэм жэуап етын
46
Джэдгъэф Б.М. "Къандыгъэ и бжьыхьит1" рассказыр
1
Комб. урок
Тхыгъэм щек1эк1 1уэхугъуэр, а 1уэхугъуэхэм тхак1уэм хуи1э щытык1эр
Тхыгъэм и гъэсэныгъэ мыхьэнэр къэ1уэтэн
Упщ1эхэм жэуапыр убгъуауэ етын
Упщ1эхэр зэпкърыхын
47
Къэжэр Хь.Хь. "Псалъэ зеиншэхэр" балладэр
1
Темэщ1эр щадж урок
Усак1уэм теухуауэ. балладэм дыкъызыхуриджэр.
Балладэр зытеухуар, пкърылъ щ1агъыбзэр убзыхун
Упщ1эхэм жэуап етын
Еджэн, упщ1эхэм жэуап етын
48
Мэзыхьэ Б.Б. "Дыгъэр зэрыунк1ыф1ар" новеллэр.
1
Комб. урок
Тхак1уэм теухуа псалъэ.Тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуа зэманыр
Дин 1уэхум тхак1уэр зэреплъыр Юрэ и гупсысэхэмк1э къэ1уэтэн.
Упщ1э - жэуап
Еджэн, упщ1эхэр
49
Мэзыхьэ Б.Б. "Дыгъэр зэрыунк1ыф1ар" новеллэм къыхэщыж образхэр. Новеллэм теухуа гуры1уэныгъэ.
1
Комб. урок
Тхыгъэр зытеухуар, къыхэщыж образхэр.
Тхыгъэм планым тету тепсэлъыхьын
Образхэр зыхуэдэр гъэбелджылын
50
Сочиненэм хуэгъэхьэзырын "Узэрыпагэ хъун ц1ыху"
51
Сочиненэ тхын. "Узэрыпагэ хъун ц1ыху" темэмк1э
1
Б/З урок
Адыгэ лъэпкъым къыхэк1а ц1ыху щэджащэхэр.
Ц1ыху пэрытхэм ящыщ зэрац1ыхур къэхутэн, зэгъэк1уауэ тепсэлъыхьын
Жьэры1уатэу къэ1уэтэн
Унэм щелэжьын, зэгъэзэхуэжын
52
Хамэщ1 щыпсэу адыгэхэм къахэк1а тхак1уэхэр.
Къумыкъу М.Хь. "Сабийхэр щым щыхъум" рассказыр
1
Комб. урок
Тхак1уэм теухуауэ. рассказым къи1уэтэж 1уэхугъуэр къыщыхъуа зэманымрэ щ1ып1эмрэ.
Тхыгъэм хэт образхэм теухуауэ я1э щытык1эр убзыхун.Рассказым и ухуэк1эмрэ и бзэмрэ къэ1уэтэн.
Карточкэхэр
Рассказым еджэн, тепсэлъ.
53
Къэрмокъуэ М. М." Щ1акхъуэ 1ыхьэ" тхыгъэр
1
Комб. урок
Тхак1уэм теухуа псалъэ. тхыгъэр зытеухуар, къыщыгъэлъэгъуа 1уэхугъуэр
Жамбот л1ыжьым и образыр зыхуэдэр къыжы1эн.
Упщ1э-жэуап
Еджэн, упщ1эхэр
54
Къэрмокъуэ М. М." Щ1акхъуэ 1ыхьэ" тхыгъэм
Жамбот л1ыжьым и образыр къызэрыхэщыр.
1
Комб. урок
Тхыгъэм къыхэщыж образхэр. Ц1ыхум шхыным, гъавэм пщ1э хуищ1ыныр рассказым и гупсысэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр
Тхыгъэр зытеухуар к1эщ1у къэ1уэтэжын, тхак1уэм щ1агъыбзэр къызэригъэсэбэпар къэгъэлъэгъуэн
Упщ1эхэм жэуап етын
Жамбот и образыр
55
Хьэх С. Хь. "Къурш псынэ".
1
Комб. урок
Усэр зытеухуар, гупсысэ щ1элъыр
Щ1ыуэпсым и къэхъугъэ дэ
Тхэнэми къалэн хэха и1эу зэрыщытыр усэм къызэрыхэщыр къэгъэлъэгъуэн
Усэр упщ1эхэмк1э зэпкърыхын
Гъэхуауэ къеджэн, зэпкърыхын
56
Тхьэгъэзит З.М. "Гъатхэ" усэр.
1
Комб. урок
Усак1уэм теухуа псалъэ.Гъатхэм и къарур щ1эзы1этэр тхыгъэм къызэрыхэщыр.
Гъэхуауэ еджэн, 1уэхуншэныр лэжьыгъэм зэи зэремызэгъынурущиеу усэм зэрыщ1элъыр къэгъэлъэгъуэн
Упщ1эхэмк1э усэр зэпкърыхын
Усэм гъэхуауэ къеджэн, упщ1эхэм жэуап етын
57
Тхьэгъэзит З.М "Щ1ыр мэлажьэ" усэр
1
Урок-практикум
Усэм ц1ыхухэмрэ щ1ылъэмрэ зэхуэдэу здагъэзащ1эгъащ1э къалэнхэм теухуауэ зэрыщытыр.
Лэжьак1уэжьым и теплъэр усэм къызэрыхэщыр убзыхун, гъэхуауэ усэм къеджэным елэжьын
Гъэхуауэ усэм къеджэн, зэпкърыхын
Худ. 1эмалхэр къэгъэлъэгъуэн
58
Тхьэгъэзит З.М "Адыгэ пшынэ" усэм щ1элъ гупсысэр.
1
Комб. урок
Лъэпкъым и гъащ1эм адыгэ пшынэм щигъэзащ1э къалэныр.
Усэм и купщ1эр къэ1уэтэн, усак1уэм и хъуэпсап1эр къэзы1уатэ гупсысэхэр къэ1уэтэн
Упщ1эм и жэуапхэр усэм къыхэгъуэтэн
Усэр гук1э зэгъэщ1эн; кл.щ1ыб едж. зыхуэгъэхьэзырын
59
Ацкъэн Р.Хь. и усыгъэр.
1
Класс щ1ыб едж.
ИКТ къыщыгъэсэбэпа
Усак1уэм и лит. лэжьыгъэр, абыхэм щыщыу и усыгъэр.
Усак1уэм и усэхэм и тематикэр къэхутэн, усэ зырыз зэпкърыхын
Усэм гъэхуауэ къеджэныгъэ, Ацкъэным и творчествэм теухуа тест лэжьыгъэ
Усак1уэм и усэ зырыз гъэхьэзырын
60
Машбащ1э И.Ш. "Насып" усэр зытеухуар.
1
Комб. урок
Усак1уэм теухуауэ. усэр зытеухуар, дыкъызыхуриджэр.
Усэм щ1элъ ущиемрэ и мыхьэнэмрэ къэ1уэтэн, гъэхуауэ къеджэн
Упщ1эхэм жэуап етын
Гъэхуауэ къеджэн, упщ1эхэр
61
"Адыгэ цей" усэр
1
Комб. урок
Усэм къыщы1эта гупсысэ нэхъыщхьэр.
Фащэр адыгэ гъащ1эм и нэщэнэу зэрыщытыр къэгъэлъэгъуэн, усэм и гъэпсык1эм и1э щхьэхуэныгъэр къыжы1эн
Усэм гъэхуауэ къеджэн, упщ1эхэр зэпкърыхын
Упщ1эхэр зэпкърыхын
62
Бицу А.М. "Си анэдэлъхубзэ" усэр.
1
Комб. урок
Усак1уэм теухуа псалъэ. усэм купщ1э щ1элъыр.усэм и пщалъэхэр.
Усак1уэр зытегузэвыхь 1уэхуу усэм къыхэщыр къэгъэлъэгъуэн. усэр зэрытха пщалъэр убзыхун.
Упщ1эхэм я жэуапхэр усэбзэк1э къэ1уэтэн
Усэр гук1э зэгъэщ1эн
63
Лъэпкъыбзэм гъащ1эм мыхьэнэуэ щи1эр къазэрыгуры1уэр.
1
Б/З урок
Бзэм икъарур, и шэрыуагъыр.
Бзэм мыхьэнэуэ и1эр къазэрыгуры1уэр зэгъэк1уауэ, зэк1элъыхьауэ къэ1уэтэн.
Сочиненэр жьэры1уатэу къэ1уэтэным елэжьын
Класс щ1ыб еджэныгъэм зыхуэгъэхьэзырын
64
Яджар къызэщ1экъуэжын.
1
Яджар къыщапщытэж
Яджа тхыгъэхэр къэпщытэжыныр
Тхак1уэхэм я творчествэм тпсэлъыхьын, я тематикэр зыхуэдэр къэщ1эжын
Упщ1э-жэуап
Тхак1уэхэм я тв-вэр къэпщыт.
65
Гъэ псом яджам къытегъэзэжын.
1
Яджар къыщапщытэж урок
Прозаическэ тхыгъэхэр
Прозаическэ тхыгъэхэм хыхьэхэр къыжы1эн
Тест лэжьыгъэ
Тест лэжьыгъэм елэжьын
Кл.щ1ыб едж. зыхуэгъэхьэз.
66
"Тхылъыр си ныбжьэгъу пэжщ". гупсысэм зегъэужьын
1
Бзэм зезыгъэужь урок
Тхылъыр ныбжьэгъу пэжу зэрыщытыр, абы сэбэпынагъ къишэр бзэ дахэк1э къэ1уэтэныр.
Темэм зэ
к1элъыхьауэ бзэ шэрыуэк1э тепсэлъыхьын
Упщ1эхэр
Зы тхыгъэ зыщыгъэгъуэзэн зэпкърыхын
67
Къытегъэзэжыныгъэ
1
Ядар къыщапщытэж урок
Усэбзэр
Усэмрэ прозэмрэ зэрызэщхьэщык1ыр убзыхун
Усэм и пщалъэхэмк1э усэр зэрытха размерыр къэхутэн
Яджа усэ зырыз пщалъэхэм игъэувэн
68
Яджар къызэщ1экъуэжын.
1
Яджар къыщапщытэж
Яджа тхыгъэхэр къэпщытэжыныр
Тхак1уэхэм я творчествэм тпсэлъыхьын, я тематикэр зыхуэдэр къэщ1эжын
Упщ1э-жэуап
Гъэмахуэм яджыну лит-р убзыхун
7-нэ классым щеджэхэм литературэмкIэ ягъэзэщIэн хуей лэжьыгъэхэр
ЖьэрыIуатэу:
- художественнэ тхыгъэхэм е абыхэм щыщ пычыгъуэхэм ирижэу икIи гъэхуауэ макъкIэ къеджэн. ГукIэ зэрагъэщIа тхыгъэхэр гъэхуауэ икIи зэхэщIыкIыгъуэу жыIэжын;
- эпикэ тхыгъэ мыинхэр е абыхэм щыщ пычыгъуэхэр дэхуа щIагъуэ щымыIэу, хэчыхьауэ къэIуэтэжын;
- литературэ лIыхъужьхэм теухуа упщIэхэм жэуап тэмэм етын;
- Iуэхугъуэ гуэрым гъэхуауэ икIи гурыхьу тепсэлъыхьыжын;
- художественнэ тхыгъэхэм къытещIыкIа инсценировкэхэр пIалъэ-пIалъэкIэрэ къызэгъэпэщын;
- езыр-езыру къызэджа тхыгъэм, гъуазджэ лэжьыгъэм, зэплъа кинофильмым, спектаклым, теленэтыным теухуауэ и Iуэху еплъыкIэр къиIуэтэн (персонажхэмрэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэмрэ зэрахущытыр къыхэщу, игъэбелджылыуэ);
- рассказ теплъэ иIэу сочиненэ мыин зэхэлъхьэн (зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм, лъэпкъ IэщIагъэлIхэм, нэгъуэщIхэми теухуауэ).
Тхыгъэу:
- художественнэ тхыгъэхэр е абыхэм ящыщ пычыгъуэхэр изложенэ теплъэ яIэу къэIуэтэн;
- яджа художественнэ тхыгъэм къыхэщу еджакIуэхэм ягу ирихьа Iуэхугъуэ гуэрым теухуа сочиненэ тхын;
- эпикэ тхыгъэм е абы и пычыгьуэм теухуа план зэхэлъхьэн;
- цIыхум и теплъэм, и хьэл-щэным тетхыхьын. Iуэхугъуэ гуэрхэм (дунеяплъэм, сурэт выставкэм, лэжьыгъэм) xyaIэ щытыкIэр, ялъэгъуар къазэрыщыхъуар къызыхэщ сочиненэ тхын;
- литературэ лIыхъужьхэм теухуа упщIэхэм жэуап тэмэм етын.
7-нэ классым щеджэхэм яIэн хуей щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ
ЕджакIуэхэм ящIэн хуейщ:
- яджа художественнэ тхыгъэр; художественнэ тхыгъэхэм я сюжетымрэ абыхэм хэт литературэ лIыхъужьхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр;
- ауаным, гушыIэм, метафорэм, литературэм и пкъыгъуэхэм (роды литературы) теухуа гурыIуэгъуэхэр;
- гукIэ зрагъэщIэн хуейуэ программэм къыщыгъэлъэгъуа художественнэ тхыгъэхэмрэ пычыгъуэхэмрэ.
яджа художественнэ тхыгъэр зытепсэлъыхьыр; абы щек1уэк1 1уэхугъуэхэр, хэт литературнэ л1ыхъужьхэр епхауэ; зэпкъраха художественнэ тхыгъэхэм я ухуэк1эмрэ сюжетымрэ, гук1э зрагъэщ1эн хуейуэ ирата тхыгъэхэр.
- гуры1уэгъуэ щхьэхуэхэм я щытык1э нэхъыщхьэхэр: пейзажыр, литературнэ л1ыхъужьым и теплъэр, щ1агъыбзэр (аллегориер).
ЕджакIуэхэм яхузэфIэкIын хуейщ:
- яджа художественнэ тхыгъэм и сюжет унэтIыныгъэм (экспозицэм, ублапIэм, кульминацэм, ухыпIэм) и мыхьэнэр къахутэну;
зыщыгъуазэ художественнэ тхыгъэм къэзыIуатэ-зыгъэлъагъуэ Iэмалхэм щагъэзащIэ къалэнхэр яубзыхуныр;
яджа художественнэ тхыгъэм хэт литературэ лIыхъужьитI зэгъэпщэныр, абыхэм тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр зэрахущытыр къащIэн папщIэ;
эпикэ тхыгъэр лирикэм къыхацIыхукIыныр;
- художественнэ икIи нэгъуэщI тхыгъэхэм тэмэму, ирижэу икIи гъэхуауэ къеджэныр (псынщIагъыр зы дакъикъэм псалъищэрэ пщIырэ-псалъищэрэ тIощIрэ хуэдиз хъууэ щытын хуейщ);
эпикэ тхыгъэхэр е абыхэм щыщ пычыгъуэхэр тхыгъэкIи жьэрыIуатэуи къэIуэтэжыныр (дэхуа щIагъуэ щымыIэу, хэчыхьауэ, зэщыкъуауэ);
яджа художественнэ тхыгъэм ипкъ иткIэ сочиненэ тхыныр, жьэрыIуатэуи къэIуэтэжыныр;
езыхэм жьэрыIуатэу е тхыгъэкIэ къаIуэтэнум и план зэхалъхьэныр;
зыщыгъуазэ художественнэ тхыгъэм хэт литературэ лIыхъужьым тхыгъэкIи жьэрыIуатэуи тепсэлъыхьыныр;
езыр-езыру яджа художественнэ тхыгъэм е гъуазджэм и нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэм зэреплъ щIыкIэр (жьэрыIуатэу е тхыгъэкIэ) къаIуэтэныр (литературэ лIыхъужьхэмрэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэмрэ езыхэм хуаIэ щытыкIэр къыхэщу);
- езыр-езыру зэджа тхылъхэм, хрестоматиехэм, псалъалъэхэм иригъуэзэфыныр, ирилэжьэфыныр.
Къагъэсэбэп литературэхэр:
УМК. Зэреджэ, зэрылажьэ тхылъыр:
«Адыгэ литературэ» (учебник-хрестоматие) 7-нэ класс Т1ымыжь Хь.Т., Балэ Л.Ф. Налшык «Эльбрус» 2013 гъ.
Егъэджак1уэм къигъэсэбэп литературэ:
1. Къармокъуэ Хь., Адыгэ 1уэры1уатэ, Налшык «Эльбрус», 1992
2. Ержыб А.Къу., Хьэщыкъуей А.Хь., Шэрджэс тхак1уэхэр, Налшык
«Эльбрус», 1987 гъ.
3.Хьэкъун Б. И. Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр. Налшык, 1992.
4.ЩхьэщэмыщI Хь. Хь. АдыгэцIэ зиIэ псэущхьэхэр. Налшык, 1998.
5.Щхьэгъэпсо С. Хь., Слон Л. Хь. КъэкIыгъэхэм я адыгэцIэхэр. Налшык, 1994.
Еджак1уэм къигъэсэбэп литературэ:
1. Ержыб Аслъэн, Усэхэр, хъыбархэр, псысэхэр е 5-8-нэ классхэр» Налшык
«Эльбрус», 1997 гъ.
2. Ержыб А.Къу., Хьэщыкъуей А.Хь., Шэрджэс тхак1уэхэр, Налшык
«Эльбрус», 1987 гъ.
3. Абазэ Албэч, Къэбэрдей тхак1уэхэр Налшык «Эльбрус», 1999 гъ.
4. Щауэ Къ., Псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ, Налшык «Эльбрус»,
1998 гъ.
5. Щауэ Къ., Гупсыси псалъэ, Налшык «Эльбрус», 2002 гъ.
6. Къармокъуэ Хь., Адыгэ 1уэры1уатэ, Налшык «Эльбрус», 1992
7. Ержыб А.К., Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр е 8-нэ классым Налшык,
«Эльбрус», 1979 гъ.
Интернет – ресурсхэр:
1.http: //school.edu.ru
2.http: //www.kop.ru
3.http: //www. edu.ru/www.erudit.com.ru
4.http: //www.allmath.ru
5.http://www/uchportal.ru// 25-1-3504// учительский портал
6. [link] ЦОР
Материальнэ-техническэ къэгъэсэбэпыпхъэхэр
1.Карточкэ 4.Проектор
2.Тест 5.Презентацэ
3.Компьютер 6.Сурэтхэр