Игра КВН на кабардинском Джэгурэш

Автор публикации:

Дата публикации:

Краткое описание: ...


  1. Визитная карточка



Къэрмэхьэблэ уэрэдым и макъамэр къоуэ



Ди къуажэжьу Къэрмэхьэблэр

Сытым щыгъуи нуру маблэр

Къуажэу хъуам къахолыдык1

Дэнэ дыщы1эми дигу ар къок1.



Ди гум къок1 абы и бгыжьхэр,

Псынэщхьиблыр , шэдхъурейр

Дэни к1уэ ди къуажэм хуэдэ

Щыбгъуэтынкъым щ1ы хъурейм.



Дыщалъхуащи Къэрмэхьэблэ

Дропагэ абы ину

Тхурепсэу ди нэхъыжьыф1хэр

Иребагъуэ щ1эблэр мину.



Уэрэд (Дахэжан уэрэдым и макъамэр щ1эту)

1.(дэрэжэгъухэм зыхуагъазэ)

Къэрмэхьэблэ къуажэ нобэ дыкъик1ащ

Джэгурэш зэпеуэм тф1эф1у дыкъэк1уащ

Бжьыпэр дубыдыну ди гум дэ итлъхьащ

Дэрэжэгъухэр хуабжьу дэ къэдгъэгугъащ, уей

Дыджэгуну дыкъэк1уащ,

Дыкъэфэну дыкъэк1уащ

Дыфпеуэну дыкъэк1уащ

Дыфтек1уэну дыкъэк1уащ.

  1. (Хьэрхуэрэгъухэм зыхуагъазэ)

Хьэрхуэрэгъухэр нобэ фымыбэлэрыгъ

Ди япэ фищыну фэ фыщымыгугъ

зэрытхузэф1эк1к1э нобэ фытлъэхъэнщ

Фэ фи дэрэжэгъухэри т1эк1у дгъэгъынэнэнщ, уей

  1. (Жюрим зыхуагъазэ)

Сэлам гуапэк1э жюрим зыныфхудогъазэ

Нывжыдо1э димы1эну нобэ дэ къэгъазэ

Шэч лъэпкъ къытевмыхьэ тхэлъынущ нэмыс

Псы пэгуныр 1эк1э ф1ыгъыу наф1эм дивмыгъэс, уей

Ди псэм хуэдэу ди жюри

Ди нэм хуэдэу ди жюри

Пщ1э зыхуэтщ1у ди жюри

Дахэ дыдэу ди жюри.



Япэ еджак1уэ:

Джэгу зэпеуэу «Джэгурэш»

Къимыгъанэу зы дурэш

Щ1алэгъуалэр зэхуешэс



Ет1уанэ еджак1уэ:

Къэрмэхьэблэм л1ык1уэу дыкъыфхуагъэк1уащ

Сэлам гуапэ нэхъыжьыф1хэм къыфхудагъэхьащ.



Ещанэ еджак1уэ:

Тф1эф1къым ди щхьэ дыщытхъун

Ауэ хуейкъэ фэ джыкъэфц1ыхун?

«Вагъуабэ» гупыр зэщ1облэ

Къэфц1ыхуну фыхуеймэ фыкъаплъэ:



Дызэрывгъэц1ыху

1. Жьак1уэу псалъэ, щ1алэ къек1у, жимы1эну зы емык1у

Къэфлъагъумэ Кумыщ 1эуес , фыдихьэхынущ « зывес»



2. Ауэ ф1эф1 ар тхылъ еджэн.,т1эк1уи зигъэщ1эрэщ1эн

1уэхуу хъуари зыдехьыф. Щы1э - т1э абы нэхъыф1?

К1э бэринэ – Шэрухэ Иннэ



3. Нэхъыжьым пщ1э хуищ1у, щ1эми задищ1у

Ахьмэд и къуэ Къантемыр Гъубжокъуэр



4. Акъылыф1э . къарууф1э . Къыпхуихьынущ гъак1уи маф1э

Хуэпщ1 закъуэмэ къэлэн игъэзэщ1энущ Шыбзыхъуэ Алан



5.Уэрэдыр къришу, ди гупым я пашэу

Фи пащхьэм итщ Къэшэжхэ Элинэ

Япэ увып1эр къэтхьыну къок1ыр хуабжьу и нэ





6. Жы1эда1уэщ , хэлъщ нэмыс

Нэхъыжь щыту ар щымыс

Ф1ыуэ йоджэ , фц1ыхурэ мыр?

Мырзэкъанхэ Астемыр.





7. Уэсым хуэдэу хужьыбзэу,

къыщопсалъэк1э бзэрабзэу

Мыгупсысэу мыпсалъэу,

1уэху имыщ1эмэ мэжал1эу - Нэгумэхэ Алинэ



8.Езыр мыхьэгъапхъэу псоми я щапхъэу.

Къехъул1энущ нобэ и мурад

Ди ныбжьэгъу Маргъущ Мурат



9. Ини ц1ык1уи зыщытхъу,

утыкум я нэхъ инри ц1ык1у зыщыхъу

Нырхэ Руслан



10. Къуажэ псоми сыкъац1ыху. Къэнар сэращи зэвгъэц1ыху

Дунейм щы1эу зы 1эмал утыку къинэнукъым - Хъуэк1уэн Инал.



Аращи ди гушы1эным щ1ыдодзэ

Еуэ Иннэ къыхэдзэ.

- Соук1ытэ, ей.

-Умыук1ытэ, ей. Щ1эдзэт.. зы,т1у,щы..

- Соук1ытэ ей… Нт1э мы щ1эсхэр щ1эгъэк1…

- Оп1эна. Здрасти , приехали. Хэт ит1анэ уи губамп1эр зыхуэп1уэтэнур?

-Губамп1э жып1а?... зы къуажэхь вжес1энщи къафщ1э. даже музыкальну..

-Къэсащ, къэсащ емызэшыжыр

И нэщхъыр п1ийуэ ар къэсащ

Губжьауэ, папщэу зэрешхэк1ыр

Ар темыужмэ дыкъэсыжащ.

-Къэсщ1ащ, уи къуажэхьым и жэуапыр - щ1ымахуэщ.

-Хьэуэ

-уэшхщ.

-Хьэуэ.

-уэсщ.

Уи къуажыхьым и жэуапыр- егъэджак1уэщ.: Уэсым хуэдэу и гур къытхуэкъабзэщ,

Гъэмахуэр уэшхым зэрыхуэныкъуэм ещхьу дыхуэныкъуэщ.,

дэ гъуэгу пэж дытеувэн щхьэк1э щ1ымахуэр зэрытк1ийм хуэдэу къытхуэтк1ийщ.

- Нт1э 1эу, емызэшыжыххэ щыжып1эм щхьэ сымыщ1арэт?!

- Сэри зы усэ фезгъэдэ1уэнщ нэхъыф1 дыдэу тлъагъу егъэджак1уэм хуэстха

Усэ «Егъэджак1уэ»

Пщ1э зыхуэтщ1 ди егъэджак1уэ,

Махуэ къэск1э школым уок1уэ.

Укъэк1уам уемыт1ысэх,

Дэри ди фэр уэ ибох!

Зэ нэхъ мыхъуми ет1ысэх,

Си гу бамп1эр т1эк1у дэзгъэх.

Тынш уи гугъэ махуэ псом

Узэф1эсу и притом, уедэ1уэну жып1э псом?!!

Хьэмэрэ си мы щхьэр зи ц1ык1уагъым,

Уэ къыупсэлъыр зи куэдагъыр изэгъэну къыпщыхъуа?

Зэ абы уегупсыса?

Сощ1э, уохь гугъу, зумыгъэхь!

Дэри мыхьыр думыгъэхь.

ФГОС жыф1ауэ дыботхьэлэ.

Дэ ды1уэхукъым, уэ зэплъыж.

Уи сурэтым уимытыж.

Хэт и бын зыщ1эптхьэлэжыр?

Уи узыншагъэр щ1умыхъумэжыр?

Ягъэ к1ынкъым , зыкъэщ1эжи зыгъэпсэху!

Дэри ди псэр пумыгъэху. Уэху !!!

Усэм къежээн буха? Хьэмэрэ зыгуэр къыпщыгъупща?

Т1у къэпхьащи к1уэи т1ыс. Умыпсалъэу да1уи щыс!

Адрейхэм усэ фтхам урок къак1уэ седэ1уэнщ,

Си гу бамп1эри дэсхынщ.

Мис апхуэдэщ махуэ къэси, къодэ1уэнукъым ик1эм нэси.



Письмо

-Электронэ пощтым къисха письмом щыгъуазэ фызощ1…

Письмом итщ мыпхуэдэу : Фымымыбэлэрыгъ

ЕГЭ, ГИЭ зи1эхам оборонэр ф1ыгъ

Блыщхьэм пробнэ экзаменщи псори фыкъек1уал1э

Гъубжым собранэщи адэ-анэр къефшал1э

Бэрэжьейм олимпиадэм къэк1уапхъэр къэвгъак1уэ

Махуэкур фи махуэщи семинарым дынок1уэ

Мэрем махуэм джэгурэшым фыкъык1эрымыху

Щэбэт махуэм ГТО-мк1э фэ фымыхуэмыху

Тхьэмахуэ махуэм фщ1энымк1э дегупсысынщ къэсыху. Уэху !



Фи письмом жэуап идот:

Зык1и фэ фыкъимык1уэт

Блыщхьэм экзаменыр100 проценту дот

Гъубж собранэм адэ-анэм джазыр къыдат

Бэрэжьейм олимпиадэм къэдмыхьми дыхот

Махуэку семинарым ек1уу дыкъыхот

Щэбэт махуэм ГТО-р «золотэк1э» дот. Уэт !

-Мэрем махуэр дэбгъэхуащ…

Мэрем махуэр махуэф1щи фытемыпсэлъыхь

Простэ фык1уи Джэгурэшыр къэфхь. Уэт!