Уэуи уэуи уэуи, Уэуи
Джэгурэшым док1уэ
уэйрэ, уэйрэ, уэйрира.
Ц1ыхубэр къытпоплъэ
уэйрэ, уэйрэ, уэйрира.
Ищхъэрэк1э уплъэмэ
уэйрэ, уэйрэ, уэйрира.
Нарт щ1эблэр къыдожьэ
уэйрэ, уэйрэ, уэйрира.
Ипщэк1э уеплъэк1мэ
уэйрэ, уэйрэ, уэйрира.
Атэлыкъым и къанхэм
уэйрэ, уэйрэ, уэйрира.
Сабэр драпхъейрэ
уэйрэ, уэйрэ, уэйрира.
Захуэу уныхуэплъэмэ
уэйрэ, уэйрэ, уэйрира.
Налшык къалэм ягъахъэ
уэйрэ, уэйрэ, уэйрира.
Уэуи уэуи уэуи, Уэуи
Джэгурэшым док1уэ.
уэйрэ, уэйрэ, уэйрира.
1.Ди вагъуэбэхэр зэщ1облэ
2.Дыкъик1ащи Къэрмэхьэблэ
3.Дыгушхуауэ дыныфхоплъэ
4.Гурэ псэк1э фыкъыдоплъхэ.
5.Тф1эф1у джэгурэшым дыкъок1уэ
6.Насыпыр абы къыдок1уэ.
7.Хъунукъым фызытедгъак1уэ
8.Дэрэжэгъухэм я гур къедгъак1уэ.
9.Вагъуабэ гупыр дыкъывоц1ыху
10.Ауэ къыфхэту п1эрэ дыкъэзымыц1ыху?
1.Кумыщ 1эуес - кыдэсхьэхынущ « зывес»
2.Шэрухэ Иннэ –къызэрызэджэр - К1э бэринэщ
3. Гъубжокъуэр Къантемыр -
4.Гугъуэт Алим- согъэзащ1э си къэлэн
5.Къэшэжхэ Элинэ – тек1уэныгъэм къок1ыр си нэ
6.Нэгумэхэ Алинэ – сыкъывоц1ыху , сымыщхьэхынэ
7.Маргъущ Мурат- сыхуейщ сыхъуну ещхь Табыщ Мурат
8.Нырхэ Руслан- Сф1эф1 дыдэщ сэ уэрэд жы1эн
9.Хъуэк1уэн Инал – къыхуэзгъуэтыфынущ псоми 1эмал
10.Мусэ Хьэсэн – ц1ыхуф1хэм сф1эф1щ сэ сахуэзэн
-Ущымыт1ыс – ущыгушы1эркьым
-Здэт1ыс псоми щыгушы1эркъым
-Дыгушы1эну нобэ дыкъэк1уащ
-Фызэрытлъэгъуари ди гуапэ хъуащ
-Фи гум дыдыхьэмэ ди гуапэщ
-Фигу дримыхьми ди напэщ.
Уэрэд «Уи жейм щыбгъаф1эр хэт» уэрэдым и макъамэр щ1эту)
Джэгурэшым ди псэр дэ къэтхьащ,
Къэрмэхьэблэ нэск1э дыкъик1ащ.
Ди нэмысыр дэ т1ыгъыжщ
Ди насыпыр фэ ф1эщ1элъщ
Хъунщ зэрыф1ыгъар, къыт1эщ1эфльхьэж.
Къуажэдэсхэр ф1ык1э къытщогугъ
Дэри я нэхъыф1ым дыщогугъ
Сэлам гуапэ къывахыж
Ди бзэр т1эк1у къэдвгъэ1этыж
«Иреф1ак1уэ льэпкьыр» - кьывжа1эж.
Джэгурэшыр къэзыгупсысам
Хуиту дэ утыку дыкъизышам
Хъуэхъуу щы1эр лъыдогъэс
Лъэпкъыр , кхъа ,дыщывмыгъэс
Ди бзэ дахэм лей къылъывмыгъэс.
1.Адыгэбзэр пшынэу мэубзэрабзэ
Ар зи ф1ыщ1эр ди адыгэ лъэпкъщ
2.сымыщ1эжмэ си анэдэлъхубзэр
Сыадыгэу , сэрк1э ар емык1ущ.
3.У – адыгэм пщ1эн хуейщ уи анэм и бзэр
Уи анэбзэу уи анэдэлъхубзэр.
4.Пщ1эн хуейщ ещхьыркъабзэу хабзэр
Ди адыгэ лъэпкъыр зэрыкъабзэр.
5.Пхэлъу щытмэ адыгэ нэмыс
Дунейм теткъым абы къык1элъыс
6.Нывжет1эну зэрыдэлъыр нэмыс
Дыкъик1ащ дэ Къэрмэхьэблэ нэс.
И1эт жы1эт т1э, Алинэ,
Къыдэплъ гупым къок1ыр я нэ
Гъэбзэрабзэт адыгэбзэр
Къызэ1ухыт уи пшынэбзэр.
Жы1эт! Жы1э!
Алинэ -жы1эгъуейр же1э
Жа1эмэ жа1эну жыхуа1а жы1апхъэр нывжызо1эри
Жа1эзыф1эф1 зыжыра1э жы1э жы1эрей жозыгъы1эм
Къызжи1акъым жывмы1эж жи1эрт жи
Зэрыжамы1эу жыс1а1ауэ жы1эк1эмыщ1э къызжезыгъы1эм жып1эми
Жумы1ар жы1эк1ейк1э щыжумы1апхъэ щыжып1ауэ
Жы1эгъуэр щыжы1эгъуейр жыхуа1э тежы1ык1 хужы1эу
Жы1эк1эк1э здыжы1апхъэм щыжыс1энщ жып1эми
Жы1эгъуэу жып1ари щыжып1э жы1эк1эмыщ1э жы1эмыда1уэ
Къызэрыбжи1эгъауэ къыбжи1эжынщ, жумы1эжыфауэ жи1ами
Жимы1эххами жыс1ами жыс1эжыркъым жыуигъэ1ыжынщ жи.
Инал : Хэт Алинэ пеуэфын, жы1эгъуейр жи1ыжыфын?
Модэ и 1эр зыгуэрым къе1этыр,
Мис уэ пхуэдэщ - тхуэмыгъуэтыр!
Хэт ухъуну ? Хэт урей, ц1ык1унит1э – Ц1ык1ужьей?
Азрет : Шэрухэ сыракъуэщ, сы –Хьэзрэтщ
Сыкъызэралъхурэ дунейм сытетщ.
Инщ жыс1эуи зыми сащышынакъым
Ц1ык1ущ жа1эми зытезгъэгушхуакъым.
Сэлам гуапэк1э псоми зыфхузогъазэ:
Жа1эмэ жа1эну жыхуа1а жы1апхъэр нывжызо1эри
Жа1эзыф1эф1 зыжыра1э жы1э жы1эрей жозыгъы1эм
Къызжи1акъым жывмы1эж жи1эрт жи
Псынщ1эу
Зэрыжамы1эу жыс1а1ауэ жы1эк1эмыщ1э къызжезыгъы1эм жып1эми
Жумы1ар жы1эк1ейк1э щыжумы1апхъэ щыжып1ауэ
Жы1эгъуэр щыжы1эгъуейр жыхуа1э тежы1ык1 хужы1эу
Жы1эк1эк1э здыжы1апхъэм щыжыс1энщ жып1эми
Нэхъ псынщ1эжу
Жы1эгъуэу жып1ари щыжып1э жык1эмыщ1э жы1эмыда1уэ
Къызэрыбжи1эгъауэ къыбжи1эжынщ, жумы1эжыфауэ жи1ами
Жимы1эххами жыс1ами жыс1эжыркъым жыуигъэ1ыжынщ жи.
-Дэнэ къуажэ укъик1а?
А къомри дауэ зэбгъэщ1а?
Азрет: Къэрмэхьэблэ сыкъик1ащ,
Къызэджар нэхъыжьти сыкъэк1уащ.
Укъыздек1уэл1ар адыгэбзэ хасэщ
Гуп зыгъэгупыр гуп и уасэщ
Джэгурэшым къытхуеблагъэ
Хьэмэрэ зыгуэрк1э уи1э шынагъуэ?
Джэгурэшым сэ сыщымышынэ
Ауэ си ныбжьым т1эк1у сыкъегъэшынэ-
Си дежк1э ар мыкъандесджэгу,
Чэзур фыфейщи фэ фыджэгу.
Зэры - Къэрмэхьэблэу фэ къывдощ1
Зэрыхъук1э я гур хэвмыгъэщ1!
Сэри льэныкъуэ зезгъэзыну хуит сыкъэфщ1.
Упсэу, Азрет, укъимык1уэт
Ди япэ ф1ык1э Мурат тхьэм иригъэт
Хуэзэнщ зыхуей адыгэбзэ хасэр -
Адыгэ щ1эблэр зыгъасэр.
Иреф1ак1уэ ди адыгэ лъэпкъыр
Зэрытхуэхъук1э хабзэр дэ т1ыгъынщ
Багъ Марьем бзэм хуи1э лъагъуныгъэм
Хуэдэ ди1эмэ, зыгуэр дэ къытхэк1ынщ.
-Ахэр псори гъуэзэджэщ, ауэ нобэрей бжьэгъур дауэ тхьа хъуну?
Абы и т1асхъэр дауи къэтщ1эну?
-Бжьэгъур тхьауэ сепщ1ыхьат пщ1ыхьэп1э,
Ауэ, хъуну п1эрэ ар нэхуап1э.
-Сэри дыгъуасэ куэзыр езгъэдзат
-Нт1э….
-Фытек1уэнущ къызжа1ат
-Ахэр псори щхьэгъэпц1эжщ
Мисыр нэхъ гугъэзъгъэж (телефоныр кьыдехри же1э)
Ок! Гугл ! Есть кто - нибудь круче нас?
Телефон : никого не найдено (Къафэурэ къок1ыж)