Игра КВН на кабардинском Джэгурэш

Автор публикации:

Дата публикации:

Краткое описание: ...


Нэдым и щхьэр умыт1этауэ хьэ илърэ ху илърэ пщ1эркъым…

Нэдыр япэу къит1этэнущ егъэджак1уэ- Шэру Иннэ

(сэлам ярехри доскамк1э мак1уэ)

Мел ….щхьэ доскам темылърэ анджыгуэру

Мел ….жыс1эу дапщэрэ сынывэлъэ1уну

Мел ! доскар заполнить ирисщ!ыну сэ сыхуейщ

Контрольнэ нобэ дагъэтхынущ…мееееееееел

- сэ иджыпсту завхозым мел къыпхуе1ысхынщ

-имы1эу щытмэ сэ зыгуэрым селъэ1унщ

-ямыгъуэтыххэм магазиным сэ сыжэнщ

-мелым дылъыхъуэурэ урокри дгъэк1уэнщ..

Инна

Ущымысу доскам къыдэк1

Унэ лэжьыгъэр къызэгъэзэк1.

Хъуну щытмэ зэ сызэхэх

Уи псалъэмакъи зэ зэхэзгъэх.

Инал

Хъунумэ си п1э уэ сыкъыумыш

Мыщэ жеяри къыумыгъэуш

Дахэк1э мама къыщомыгъэтхъ

Арыншами бамп1эм зэгуетхъ.

Инна

Ай-ай-ай щыгъэт ,щыгъэт

Уэдыдыд и гугъу умыщ1

Ауэуэу зумыгъэхъей

Псалъэмакъи къыумыгъэхъей.



-Фимыгугъэ егъэджак1уэм

Еджэну къак1уэу еджак1уэр

Къэпщ1эну ухуеймэ и гум илъыр

Уеп1эск1ун т1эк1у хуейщ уэ и лым.



Къык1элъык1уэу нэдым и1эбэнущ бэзэр нанэ Хьэк1унанэ (зыгъэзаш1эр Нэгумэ Алинэрэ Хъуэк1уэн Иналрэщ)



-К1эрт1ошкэ , к1эрт1ошкэ псынщ1эу варицэ, занщ1эу жарица, тебэ ф1ыц1эр зэрилъагъуу улибаицэ.

-Уи к1эрт1офым сыт и уасэр?

- Туманит1 къудейщ, си т1асэ.

-Уи дзэлыфэ уэ умыт1, мыбы къуатыну тумэнит1?

-К1эрызогъэху, черт с ним сомитху, къызэптынкъэ сомпщык1утху?.

-Мобдеж яхъуэжыр къэпитхур, мыхъуауэ хъарбызитхук1э

-Хъунщ дапщэми щэху мы си к1эрт1офыр

Атк1э схузехьэжкъым – сф1офыр.

Хэссащ , сыпщ1ащ, хъущхъуэ теск1ащ,

Илъэс псок1э ар къеслъэфэк1ащ…

Къысхуэнэжыр сыт ? схъуэжынщ…

Хъарбыз мыхъук1э къэсхъуэжынщ.



-Пщ1ауэ щытамэ пуд зэрыхъунур

К1эрт1офым и уасэ хъунур

Е хьэ хэпсэнт , е ху хэпсэнт

Уэри илъэск1э тыншу упсэунт.



-Нэдым и щхьэр умыт1этауэ хьэ илъми ху илъми пщ1энукъым

-Пт1атэр зырик1щ - уимыплъамэ , къыбгуры1уэххэнукъым.



-Уеплъыр сыт ар умышхамэ, и 1эф1агъ къэпщ1эну?

-Пшхарэ ар уэмызэгъами , хэти теплъхьэжыну.

-Зытеплъхьэнуми имылажьэм – зытыуригъэлъхьэну?

-Щ1ыжа1ари ара хъунщ – «Ухэмыхьэм уитхьэлэну?»



Аращи

-Джэгурэшыр щымы1амэ дэ дызэхуэзэнут?

-Фи утыку дыкъимыхьами , фэ дыкъэфц1ыхунут?



-Дыхэмыхьэм дитхьэлэн жыт1эу –дыщысакъым.

-Дыхыхьащ, дыкъелащ, лъагъуныгъэм и нахъ гуащ1эр

Джэгурэшым дэ хуэтщ1ащ. .