Игра КВН на кабардинском Джэгурэш Пщ1ыхьэп1э

Автор публикации:

Дата публикации:

Краткое описание: ...


Хъуэжэ и гушы1э хъуржыныр къит1атэмэ …жыхуи1э теплъэгъуэм къыдогъэблагъэ «Вагъуэбэ» гупым я пашэ, гушы1эн зыф1эф1- Хъуэк1уэн Инал

Пщ1ыхьэп1э

Нт1э, гъэ еджэгъуэр ик1эм нэблагъэти махуэ къэс си щхьэр нэхъ къыф1эщ1эурэ к1уэрт.

Оценкэ ягъувыжынур - зы, егэ жыхуа1э емынэунэр -т1у, щыгъын къэщэхуныр – щы, ахэр псори пщигъэгъупщэжу ди егъэджак1уэхэмрэ адэ-анэм я жьэмыпсэхур щэ?

Псори зэхыхьэжауэ мэл щхьэзэу утыкум синауэ ситт. .

Еджап1эм сик1ыжу унэм сынэсыжамэ зэ жэщ хъу мыгъуэу мы къомым сахэжеик1ащэрэт жыс1э мыхъумэ зым жа1и си тхьэк1умэм ихьэртэкъым. сыщыжей т1эк1ум си гурыф1ыгъуэу арат.

Зэгуэрым апхуэдэу махуэм 1ейуэ сезэшауэ сыгъуэлъыжащ. Жей 1эф1ым сыхилъэфауэ, сыплъэмэ, си пащхьэм исщ япэ дыдэу сезыгъэджа си егъэджак1уэр. Занщ1эу си щхьэфэцым зрисэри сыкъыхэщтык1ащ. Си егъэджак1уэм сызэрышынам гу лъитэри къэпсэлъащ: умышынэ си щ1алэ ц1ык1у, сэ зыри уэсщ1энукъым, сэ сы… адэк1э жи1эным нэзмыгъэсу: сыхуейкъым жызо1э. алыхьым жимы1эк1э аргуэрыжьу япэ классым къыщыщ1эздзэжу си нэгу щ1эк1а къомыр зановэ си нэгу щ1эк1ыжыну.

Боже упаси….

Жэщтеуэ хъунщ жызо1эри, бисмиллахьи рахьмани рахьими жыс1энущи, къысхудэшейркъым, жыс1эну соныкъуэкъу, схужы1эркъым. Абы хэту, мыбы уэ уи деж щищ1эжын щы1экъым жери, зы л1ы абрагъуэ срелъэфажьэ. Е зилажьэр к1уэдын мыгъуэ уэри ухэт? Узыхуей мыгъуэри сыт щыжыс1эк1э, ар къопсалъэри :

- Адыгэл1ыр щ1эупщ1эркъым, жи.

- А зи унагъуэм сихьэн, сэ иджыри а щ1эмыупщ1э адыгэл1ым сынэсакъым. Сэ мац1эл1а мыгъуэм къыспыпхыну узыхуейр сыт? щыжыс1эк1э:

- Акъыл гуэр уи щхьэм илъмэ, иджыри ул1эпакъым жери, си 1эпэр и1ыгъыу сешэ.

- Мы уи щ1агъыбзэхэр зыри къызгуры1уэкъым жызори..

-Поймёшь, жи.

- Когда? Щыжыс1эк1э

- Тогда когда поумнеешь, а то никогда жи.

Аращи щ1ы1э -щ1ы1эу сигум къок1 : ярэби, ЕГЭ жыхуа1эр мымырауэ п1эрэ жызори, соупщ1

-Уа? Уэ у - ЕГЭ? Егэ жыхуа1эр уэрамэ щабэ ц1ык1уу зыкъэзгъэц1ыху ,амырамэ сол1ык1ыпэ щыжыс1эк1э..

- Какая разницэ? жи.

-Большая разницэ жызо1э. сэ сщ1эрэ уэ еджап1эр къызэрызухым щхьэк1э сыпхуэпэну бэзэрым сыпшэми?

- Ар иджыри къэбухмэ, жи.

- Ар щыжи1эк1э, уэдыдыд мыгъуэ, къэзмыухынк1и хъунура жызо1э.

-Запросто, жи.

- Что значит запросто? В конце концов я –выпускник!! Я уже числюсь в списке выпускников МКОУ СОШ №3, с.п.Каменномостское, осталось только экзамены сдавать жызо1э мыин дыдэу. Лей гуэр къызэрыспсэлъам сыщ1ощтэжри, сыкъоувы1э.

-Уей щ1алэжь ц1ык1у, мис ар жып1эн хумея, щыжи1эк1э, нэзад дороги нет жызори сок1ий:

-Е зи унагъуэр бэгъуэн, къеймэт махуэр къэсыху сыкъепшэк1ыну , адэк1э лъэбакъуэ счынукъым къызэпщ1эну дыдэр къызэщ1э, нэху къыттещхьащ!! щыжыс1эк1э.

-Мис укъэсащ , жери сыплъэмэ ди директор Мая Дзоновна, укъыс1эрыхьа? жыхуи1э щ1ык1эу, погуф1ык1ри къыщысщ. Ибгъу зэрызым абы и къуэдзэ Белла Юрьевнэрэ Алёна Алиевнэрэ къыщысщ , я щ1ыхуэ гуэр стелъу езмытыжам ещхьу, мыдэвольну. Сыт мыгъуэм дэвольнэ ищ1ынт т1э? игъащ1эм жа1а т1у сщ1акъым, сымыщ1эхха мыхъумэ.

Аращи ф1ым зыкъызошэри , мыхэр сэ соц1ыху, свои жызори, через не могу сахуогуф1э.

Л1ыр къопсалъэри же1э:

- Ажалыр зы1упх ЕГЭ-м унэсын япэ, мыбыхэм упщ1э зырыз я1эщи, абы жэуап ептын хуейщ жи.

Ар щызэхэсхым си давленэр дрехуей, си температурэр йохуэху, щ1ы1э техьэгъуэм сес. Зэми маф1элыгъейм зыкъызедзри сес. Мо серьёзнэжь гупыр згъэгузэвэжауэ хэти къызопщэ, хэти сешыт1э,сызы1эпах, сызы1эпалъхьэ.

Абы хэту уэзджынэр къоуэ ,

Сыкъигъащтэу сыкъоуш.

Сыкъэушмэ нанэ же1э :

Инал, школым укъык1эроху…

Уэху …. Нанэ и нэгум сызэриплъу, а зи гъащ1эри зи дунйри нэху хъун, си гур къызэрогъуэтыжри сыпк1атэ сылъатэу сожьэж.



Уэрэд

Джэгурэш зэпеуэм ф1эф1дыдэу «Вагъуэбэ» гупыр хэтащ

Къезыхьэжьа нэхъыжьыф1хэм псапэшхуэ дыдэ къэфхьащ

Фытхуэузыншэу нэхъыжьхэр ди япэ тхьэм фригъэт

Дыфхуэфэщэну щ1эблэщ1эр , дэ псалъэ быдэ фыдот.

Нывыдохыжри сэламыр ды-зы-щыв-мы-гъэ-гъуп-щэж

Ди гупэр ныфхуэгъэзауэ фи пащхьэм добзэхык1ыж.