М узыкальное поздравление «Почта -49»
-Гъуэгум пк1элъей ебдзмэ , к1эщ1 мэхъу
Псалъэ пэжщ ар, ди ф1эщ мэхъу.
-Едывгъэдз ди гъугум т1э пк1элъей
Флъагъунщ зэманыр зэрылъей.
-Адыгэ телевиденэм щ1едзэ
Музыкальнэ поздравленэм щ1ыдодзэ.
-Фи пщыхьэщхьэ ф1ыуэ, ди ныбжьэгъу лъап1эхэ
-Сэлам гупэ фыдох.
Ныщхьэбэ фигъусэнущ Жыращты Залинэрэ
-Щоджэн Муратрэ.
Письмор къратхык1 Къэрмэхьэблэ къуажэм, Лениным и ц1э зезыхьэ уэрамым тет пл1ыщ1рэ ещанэ унэм щеджэ ц1ык1ухэм.
Мы тхыгъэр хуэгъэзащ псори зрагъащ1эу зыри зыхуамыщ1э егъэджак1уэф1хэмрэ абы и унэфэщ1 -Джэгурэшым япэ дыдэу дыхэзыша, абы дыщыджэгуну гукъыдэж дахэ къыдэзыта Аслъэн Мая Дзон и пхъумрэ .
-Фи лэжьыгъэм и хъер флъагъуу,
-Псоми ф1ыуэ фыкъалъагъуу.
-Зым 1эпыхур зым къищтэжу,
-Сытым дежи фыгуф1эжу.
-Хъыбар зэхэфхмэ 1уэхуф1у,
-Ар псоми зэдэф1ыгъыфу.
-Комиссия флъагъумэ пщ1ыхьэп1эу,
-Улахуэр хэхъуэмэ нэхуап1эу.
-Псори машинэф1хэм фису,
-Зыри къыфк1элъымысу.
-Сыт щыгъуи япэ фиту,
-Жэгъуэгъухэр джабэм к1эрыту.
-Фи карточкэ ахъшэр изу,
-Къифх пэтми зыри хэмыщ1у.
-Фи пщ1эр лъагэрэ, фи насыпыр куууэ, гъащ1э дахэрэ,
гъащ1э узыншэ тхьэм псоми къывигъэгъащ1э.
(уэрэд :Едем, едем соседнее село)
1.Док1уэ, док1уэ еджап1эм док1уэ , деджэну док1уэ
2.Док1уэ, док1уэ еджап1эм док1уэ , тхуэмыхъуу док1уэ
3.Си гьуэгуанэ к1ыхьри кьэзухащ сэ зэхэзмыщ1эххэу
4.Сэ нэмэзым сыкъеувэхащ ди деж ямыщ1эххэу.
5.Гъатхэр къихьамэ дэ дыкъэсыжащ
Къэлэну щы1эр дэ къытк1элъысащ
Лэжьыгъэри еджэнри зэтрихьащ
Ди унэгъуэбжэлъабжэр хуэтщ1ыжащ.
6.Пщэдджыжьым жьыуэ дадэ сыкъыщеху
Напэмытхьэщ1у унэм сыкъыщ1еху
1эщ гъэзэщ1эныр, пщэдджыжь къэлэныр
Хадэ ихьэныр, зыгъэкъэбзэжыныр…..
Егъэджак1уэ
сок1уэ, сок1уэ еджап1эм сок1уэ , сылэжьэну сок1уэ
сок1уэ, сок1уэ еджап1эм сок1уэ , сф1эбэмащ1эу сок1уэ
Си гьуэгуанэ к1эщ1ри нэхъ к1ыхь хъуащ, сыщ1эры1эу сок1уэ
Сынэмысыжынри къыхуэк1уащ, сок1уэри сок1уэ…
Урокым псынщ1эу зыхуэвгъэхьэзыр
Унэ лэжьыгъэхэр къэвгъэхьэзыр
Тхылъ къэзыщтари къэзымыщтари
Зэхэдгъэк1ынкъэ къызэмыда1уари
Дыгъуасэ лъандэм - сыхущ1эмыхьа
Зэданэ ди1эу къэзмыщ1эжыхха
Егэри гиэри сыужэгъуащ
Сэ щхьэуназэ сыхэхъухьыпащ.
Мак1уэ мак1уэ зэманыр мак1уэ мак1уэри мак1уэ
Мак1уэ мак1уэ дык1элъымысу сабиигъуэр мак1уэ
Егъэджак1уэр хуейщ къэубыдын, экзаменыр къэмысу
Мис ит1анэ экзаменыр тхуэтынщ зы къытк1элъымысу.
Письмор Къэрмэхьэблэ къуажэм къратхык1 ик1и зы хъуэхъук1э зыхуагъазэ
Ди адыгэ хасэм и тхьэмадэ Табыщ Муратрэ ….
Лъэгъуныгъэ уэрэд
Махуэм си гум укъихьам жэщым пщ1ыхьым ухэмык1
Сэ уэрыншэу гъащ1э сыхуэмеей Джэгурэшыр пкъым хыхьащ,щхьэхуэпсалъэу дыкъэнащ
Джэгурэшым лъагъуныгъэ псоми дэ хуэтщ1ащ.
Вагъуэбэ гупым нащхьэ дощ1, псэм зэхищ1эу зывдодощ1
Джэгурэшым и хьэтырк1э ееей
Къэхутак1уэхэр къыдоплъ, хьэрхуэрэгъухэр къытхукъоплъ
Дэрэжэгъухэм я гур хэхъуэу псори дэ къыдоплъ.
Ди уэрэдыр дэ къыдош, джэгурэшым дыхуозэш
Лъэгъуныгъэм и хьэтырк1э уееей
Дык1уэжамэ дигу фыкъок1, дыкъэк1уам зыфщыдмыгъэнщ1
Джэгурэшым лъагъуныгъэ зыхудигъэщ1ащ.
Удж дыхэту дыкъок1уэк1, зы дакъикъи дигу фимык1
Джэгурэшым джэгу щыдощ1ыр уеееей
Къыджеф1энум догупсыс, лъэгъуныгъэ маф1эм дес
Псы пэгуныр 1ит1к1эф1ыгъыу, маф1эм девмыгъэс.
Пл1ыщ1рэ ебгъуанэ пощтым и лэжьыгъэр абдежым щеух, мыухыжын гъащ1эрэ насыпрэ тхьэм къывит.
Ныщхьэбэ фигъусащ :Щоджэн Муратрэ , Жыращты Залинэрэ